Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ жэщырщ цӀыхур щыжейр, икӀи жэщырщ ефэхэр щефэр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:7
14 Iomraidhean Croise  

жриӀащ: – СанэфӀыр Ӏэнэм япэ къытрагъэувэ. ХьэщӀэхэр куэд ефа нэужь, санэ нэхъ пудыр Ӏэнэм къытрагъэувэ, ауэ уэ фадэфӀыр иджыри къэс щыбгъэтащ.


Фэ фызэригугъэм хуэдэу, мы лӀыхэр чэфкъым, сыту жыпӀэмэ пщэдджыжьыр иджыри сыхьэтибгъу хъуа къудейщ.


Махуэм и нэхум хэт цӀыхухэм яхуэдэу, хабзэм тету дывгъэпсэу; щхьэрутӀыпщу фэ ешхэн-ефэным зыдедвмыгъэхьэх, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэм, зэщыхьэным, фыгъуэным дыхэвмыгъэт.


ЕкӀугъэм фытету зыкъэфщӀэж. Гуэныхь лэжьыным и ужь фикӀ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зымыщӀэ цӀыху гуэрхэр къыфхэтщ. ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, жызоӀэ ар.


Аращ мыпхуэдэу щӀыжаӀэр: «Уэ, жейр, къэушыж, лӀахэм къахэтэджыкӀыжи, Мэссихь нэхур къыптригъэпсэнущ».


Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.


Взаджагъэу ящӀам хуэфащэр ягъуэтыжынущ. Махуэ къэси ахъшэ куэд зытрагъэкӀуадэу, загъэтхъэжыну псэуну яфӀэфӀщ. КъыщывдэшхэкӀэ, щӀыкӀейуэ икӀи напэтехыу щытхэурэ, фыкъызэрагъапцӀэмкӀэ загъэтхъэж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan