Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Ауэ фэ, ди къуэшхэ, кӀыфӀыгъэм фыхэткъым. Аращи, а махуэр дыгъуакӀуэм хуэдэу фымыщӀэххэу къыфхуэкӀуэнукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:4
17 Iomraidhean Croise  

Пэжыр нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, къалэхэу Содомрэ Ӏаморэрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.


– Ефэ-ешхэнымкӀи, удэфэнымкӀи, мы дунейм и гугъуехьхэмкӀи фи щхьэр зэрызэӀывмыгъэхьэнми фыхуэсакъ. Ар мыхъумэ, а махуэр фымыщӀэххэу къыфепсыхэнущ.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дыгъуакӀуэр цӀыхухэр пэмыплъэххауэ жэщым къызэрыкӀуэм хуэдэу, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм деж фымыщӀэххэу къызэрыкӀуэжынум фыщыгъуазэщ.


Зиусхьэныр къыщыкӀуэжыну махуэр уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэм хуэдэу къэсынущ. А махуэм макъышхуэ ящӀу уафэхэр кӀуэдыжынущ, мы дунейр къызыхэщӀыкӀа псори мафӀэм исынурэ кӀуэдыжынущ. ЩӀылъэри абы тет псори мафӀэм исыжынущ.


Апхуэдэу щыт пэтми, унафэу ныфхуэстхыр унафэщӀэщ; а унафэм и пэжыгъэр Мэссихь къыфхуигъэлъэгъуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀыфӀыгъэр мэкӀуэдыжри, нэху пэжыр къолъагъуэ.


(Хьисэ жеӀэ:) – Мис, уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэр къызэрыкӀуэм хуэдэу сэ сыкъэкӀуэнущ. ПцӀанэу къыщикӀухькӀэ, и укӀытапӀэр цӀыхухэм ямылъагъун щхьэкӀэ, мыжейуэ икӀи сакъыу зи щыгъынхэр зыхъумэр гъуэгу махуэ теуващ.


Аращи, Ӏуэхуу зэвгъэщӀари зэхэфхари фи гум къэвгъэкӀыж. Ахэр вгъэзащӀи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. Фыжейурэ фымысакъмэ, дыгъуакӀуэр цӀыхухэм ямыщӀэххэу къызэрыкӀуэм хуэдэу сынэкӀуэнущ. Фи деж сыныщыкӀуэну сыхьэтри фщӀэнукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan