Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 «Иджы гузэгъэгъуэ диӀэщ, шынагъуэ зыри щыӀэкъым», цӀыхухэм щыжаӀэкӀэ, гугъуехьышхуэ ямыщӀэххэу къатехъуэнущ, фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу. Абы фӀэкӀыпӀэ иӀэнукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:3
48 Iomraidhean Croise  

Сыту лъапӀэ дыдэ, си Тхьэ, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр! Уи дамэхэм цӀыхухэм щхьэегъэзыпӀэ щӀагъуатэ;


Къин махуэхэм сыт сыщӀэшынэнур, сыщӀэзыхуэхэм я бзаджагъэм сыкъыщаувыхькӀэ?


– Фэ, блэхэ! Фэ, блэ щылъхухэ! Жыхьэнмэр унапӀэ фхуищӀащ Тхьэм, абы дауэ фыӀэщӀэкӀын?


ЦӀыхубзым бын щигъуэткӀэ, гугъуехь ешэч, гугъу щехьын сыхьэтыр къэсащи. Ауэ сабийр дунейм къытехьа нэужь, мэгуфӀэ, гугъуехьу ишэчар щогъупщэж, дунейм цӀыхущӀэ къытехъуащи.


«ФыкъэдаӀуэ, фэ, Тхьэм и псалъэхэр зэзымыпэсхэ, вгъэщӀагъуэ икӀи фыкӀуэд; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фи махуэхэм Ӏуэхушхуэ гуэр згъэзэщӀэнущ. А Ӏуэхушхуэм и хъыбарыр зыгуэрым къывжиӀакӀи фи фӀэщ хъунутэкъым».


А цӀыхухэр Зиусхьэным и напэмрэ щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ япэжыжьэу, мыухыж кӀуэдыныгъэр Тхьэм Ӏыхьэ яхуищӀынущ.


Тхьэм и япэрей быну уафэм щыӀэ тхылъым зи цӀэ итхэм я махуэшхуэ зэхуэсми фыкъэкӀуащ. Тхьэуэ цӀыху псоми хьэкум ятезыщӀыхьым деж фыкъэкӀуащ, зи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, Тхьэм цӀыху нэгъэса ищӀахэм я псэхэм я дежи фыкъэкӀуащ.


Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.


Тхьэр гуэныхь зыщӀа мелыӀычхэм ящысхьакъым, атӀэ Ӏэхъулъэхъухэр ярилъхьэри, цӀыхухэм я хьэкумыр щатрищӀыхьыну къемэтмахуэм нэсыху жыхьэнмэм и кӀыфӀыгъэм хэтыну ятрилъхьащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan