ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр11 Аращи, зым адрейр ирырегъэгушхуэ икӀи зым адрейм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ирырегъэгъуэт, иджы зэрыфщӀым хуэдэу. Faic an caibideil |
Фэ псори фымыщӀэ бзэхэмкӀэ фыпсэлъэну сыхуейщ, ауэ абы нэхърэ Тхьэм езым и псалъэхэр фи гум кърилъхьэурэ, ахэр къызэрыжыфӀэным и лъэкӀыныгъэ фиӀэну нэхъ сыхуейщ. Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэр имыщӀэ бзэкӀэ къэпсалъэм нэхърэ нэхъ инщ, а бзэр зыгуэрым зэримыдзэкӀмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын щхьэкӀэ.