Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Мы ӀуэхумкӀэ зыми и къуэшым мыхъумыщӀэ иримыщӀэну е къимыгъэпцӀэну хуейщ Тхьэр. ЗэрывжетӀам икӀи зэрывгурыдгъэӀуам тету, апхуэдэ бзаджагъэ зыщӀэ цӀыху псоми яхуэфащэр Зиусхьэным яригъэпшыныжынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:6
50 Iomraidhean Croise  

ФынакӀуэ, ди Зиусхьэным щӀыхь уэрэд хужыдвгъэӀэ, ди хъумакӀуэу ди къегъэлакӀуэм гуфӀэгъуэ макъ хуэдвгъэӀэт.


Тхьэм и унафэхэр уощӀэ: «ЦӀыху умыукӀ, зинэ умыщӀэ, умыдыгъуэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, цӀыхухэм яӀэр гъэпцӀагъэкӀэ къатумых, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ».


Фызыщышынэн хуейр сэ вжесӀэнщ: иукӀар жыхьэнмэм хидзэжыну тепщэныгъэ зиӀэм фыщышынэ. ВжызоӀэ: аращ фызыщышынэн хуейр.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэшитху сиӀэщ. Мы гугъуехь шэчыпӀэм ахэри къэмыкӀуэн щхьэкӀэ, зыхуэсакъыжыну ягурырегъаӀуэ».


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ цӀыхухэм я гум зэримылъым икӀи я бзаджагъэ псоми щхьэкӀэ, уафэм къех и губжьыр Тхьэм къегъэнахуэ, я бзаджагъэкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэр ягъэпщкӀуну и ужь итщи.


ФӀыуэ слъагъухэ, зыгуэрым бзаджагъэ къывищӀэмэ, бзаджагъэ евмыщӀэж, ауэ Тхьэм и губжьым гъуэгу ефт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным жиӀар и псалъэ тхахэм яхэтщ: «ЦӀыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ, абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ».


И фӀагъ къыуигъэкӀыну, тепщэныгъэ зиӀэр Тхьэм и лӀыщӀэщ. Ауэ бзаджагъэ пщӀэмэ, абы ущышынэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тепщэныгъэ зиӀэм джатэр пщӀэншэу иӀыгъкъым. БзаджащӀэхэм яхуэфащэ гугъуехьыр ятрилъхьэну, ар Тхьэм хуолажьэ.


Мы гухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фэркӀэ фӀыуэ къыпэкӀуам феплъ: Мы ӀуэхумкӀэ сыт гузэвэгъуэшхуэ фиӀэ хъуа, зывгъэхеину сыт хуэдизкӀэ фыхэта, къуаншэми сыт хуэдизкӀэ фыхуэгубжьа, сыт хуэдэ шынагъэшхуэ фи гум илъ хъуа, сыт хуэдизкӀэ фыкъысхуея, сыт хуэдэ егугъуныгъэшхуэ фиӀэ хъуа, мыхъумыщӀагъэ зыщӀам хуэфащэр евгъэпшыныжыным сыт хуэдизкӀэ фыхэта! Мы ӀуэхумкӀэ фызэрыхейр сыт и лъэныкъуэкӀи ӀупщӀу къэвгъэлъэгъуащ.


зым зыр илъагъу мыхъуныр, цӀыху укӀыныр; удэфэныр, щхьэрутӀыпщу ефэ-ешхэ щӀыныр, апхуэдэ нэгъуэщӀ Ӏуэхухэри. Нэхъапэм нызэрывжесӀам хуэдэу иджыри нывжызоӀэ, апхуэдэ икӀагъэхэр зылэжьхэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.


Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.


ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.


Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи.


Адэр и бынхэм зэрадэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу, фэ фщыщ дэтхэнэми дывдэгъуэгурыкӀуэу зэрыщытар фощӀэ.


Тхьэр зымыщӀэ цӀыхуу, ди Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, мафӀэшхуэу зэщӀэплъар къыздихьынурэ, Зиусхьэн Хьисэ дунейм къэкӀуэжынущ.


Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэту, зы щӀыпӀэ деж мыпхуэдэу щыхьэт техъуащ зыгуэр: «Уэ, Тхьэ, цӀыхур зищӀысыр сыт, уэ абы уегупсысыну, цӀыху лъэпкъым и къуэр зищӀысыр сыт, уэ абы укӀэлъыплъыну?


Ауэ фэ тхьэмыщкӀэхэр зэфпэсакъым. Къулейхэракъэ фыдэзыкъузэр икӀи хеящӀэхэм я пащхьэм физышэр?


ЛэжьапщӀэ зэвмыту фи хьэсэхэр зезыхьа фи лӀыщӀэхэм фагъэкъуаншэурэ къыфкӀэлъоджэ. Гъавэр къэзыхыжхэм я гуо макъыр ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори ЗиӀэ Зиусхьэным и тхьэкӀумэхэм нэсащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan