ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр4-5 Абы нэмыщӀуи, Тхьэр зыхуейр езыр зымыщӀэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ цӀыхуу, зи гур зинэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхухэм щӀэхъуэпсхэм фахуэмыдэу, гукъабзагъэкӀэ, щӀыхь хэлъу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и пкъым тепщэныгъэ хуиӀэну арщ. Faic an caibideil |
Фэ фи зэхэщӀыкӀыр зэрыримыкъуам щхьэкӀэ, нэхъ гурыӀуэгъуафӀэ хъун папщӀэ цӀыхур зэрыпсалъэ бзэкӀэ мыр нывжызоӀэ. Фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм бзаджагъэ евгъэщӀэн щхьэкӀэ фӀеймрэ бзаджагъэмрэ я ӀэмыщӀэ пщылӀу зифлъхьэу зэрыщытам хуэдэу, иджы гукъабзагъэм и гъуэгу фрикӀуэн щхьэкӀэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм щыпкъагъэм пщылӀ хуэхъуну хуэвунэтӀ.