Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ унафэу ныфхуэтщӀахэм фыщыгъуазэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:2
7 Iomraidhean Croise  

унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.


Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэри Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэм хуэдэу зысщӀащ. Тхьэм и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэмыту аракъым абы къикӀыр, Мэссихь и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэтщ.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.


Тхьэр зыхуейр фигу нэхъ къабзэ хъу зэпытыну, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀыну арщ.


Фи деж дыщыщыӀам, мы унафэр фхуэтщӀащ: Лэжьэну хуэмейр иремышхэ.


Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan