Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Тхьэм и унафэр хъууэ, япэрей мелыӀычым и макърэ Тхьэм и бжьамиишхуэм и макърэ къэӀумэ, езы Зиусхьэныр уафэм къехыжынущ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр япэ къэтэджыжынущ абы щыгъуэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:16
33 Iomraidhean Croise  

Уэрэд. Корах и къуэхэм я уэрэд


Сыту жыпӀэмэ пащтыхьхэр зэӀущӀэри, псори абы ебгъэрыкӀуащ яубыну;


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


Пэжыр нывжызоӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и Тепщэныгъэшхуэр иӀэу къакӀуэу ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.


– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ сэ нывжызоӀэ, иджы къыщыщӀэдзауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу, флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


– Фэ, Галилей хэкум щыщ цӀыхухэр, – жаӀащ а лӀитӀым, – мыбдежым фыщыту уафэм щхьэ фыдэплъейрэ? Тхьэм уафэм дришеижа Хьисэ уафэм дэкӀуеижауэ зэрыфлъэгъуам хуэдабзэу къехыжынущ.


МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр кӀуэдауэ хъунт абы щыгъуэм.


Ауэ зэрыщыӀэщи, Тхьэм Мэссихь лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм адрей лӀахэр къызэригъэтэджыжынумкӀэ Мэссихь сакъылэт къытхуэхъун щхьэкӀэ.


Ауэ а Ӏуэхур къызэрыхъунур хэти щичэзум дежщ: лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар Мэссихьщ. Абы дунейм къыщигъэзэжкӀэ, и цӀыхухэр къэтэджыжынущ.


Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.


Езы ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фи деж дынэкӀуэжыну гъуэгу къытхузэӀурах.


Фэ, гузэвэгъуэм хэтхэр, фыдигъусэу гузэгъэгъуэ къывитыжынуи Тхьэм захуагъэу елъытэ. Ар къыщыхъунур Зиусхьэн Хьисэ уафэм къехыу, лъэкӀыныгъэ зиӀэ и мелыӀычхэр щӀыгъуу къыщылъэгъуэжыну махуэрщ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумрэ абы деж дызэрыщызэхуэсынумрэ ятеухуауэ, ди къуэшхэ, мыбыкӀэ дыныволъэӀу:


Зиусхьэныр къыщыкӀуэжыну махуэр уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэм хуэдэу къэсынущ. А махуэм макъышхуэ ящӀу уафэхэр кӀуэдыжынущ, мы дунейр къызыхэщӀыкӀа псори мафӀэм исынурэ кӀуэдыжынущ. ЩӀылъэри абы тет псори мафӀэм исыжынущ.


Япэ мелыӀычу Михаилрэ шейтӀанымрэ Мусэ бегъымбарым и хьэдэр щызэпаубыдам щыгъуэ Михаил шейтӀаныр псалъэ ткӀыбжькӀэ игъэкъуэншэну тегушхуакъым, «Зиусхьэным къыпхуремыдэ!» жриӀа къудейщ.


Зиусхьэным и махуэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэ макъышхуэ гуэрым къыжиӀэу си щӀыбагъкӀэ щызэхэсхащ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ.


ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


Макъ гуэрым мыпхуэдэу къыжиӀэу, уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ: – Тхы: Иджы къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу лӀэр гъуэгу махуэ теувэнущ. – Ар пэжщ, – жеӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм. – Я Ӏуэхур загъэщӀауэ, загъэпсэхужынущ, я фӀыщӀагъэхэр ягъуэтыжынущи.


Сыщыплъэм, уафэгум щызелъатэ мелыӀычыр макъышхуэкӀэ къаджэу зэхэсхащ итӀанэ: – Къэна мелыӀычищыр я бжьамиишхуэхэм къыщепщэкӀэ, щӀылъэм тетхэр гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ.


Тхьэм и пащхьэм ит мелыӀычиблыр слъэгъуащ итӀанэ. МелыӀыч гуэрым бжьамиишхуибл абыхэм яритащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan