Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Зиусхьэным и псалъэхэм ятету мыр нывжыдоӀэ: Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, дэ, псэууэ къэнахэр, лӀахэм япэ дищынукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:15
19 Iomraidhean Croise  

Ищхъэрэри ипщэри Уэращ къэзыгъэщӀар; Табори Хьэрмони уи цӀэм и щӀыхьыр я гуапэу щаӀуатэ.


– Ет, – жиӀащ Петр. Петр унэм щыщӀыхьэм, езым жимыӀэӀа щӀыкӀэ, Хьисэ абы къеупщӀащ итӀанэ: – Уэ дауэ уеплърэ, Симон? Дунейм тет пащтыхьхэм хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкъымрэ цӀыхухэм тралъхьэ хьэкъымрэ хэт къызыӀахыр? Езыхэм я къуэхэра, е нэгъуэщӀ цӀыхухэра?


МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр кӀуэдауэ хъунт абы щыгъуэм.


Сызыщытхъужыным фӀагъ къыхэкӀыркъым. Зиусхьэным сигъэлъэгъуа икӀи къысхуигъэнэхуа Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэхэм сатепсэлъыхьынущ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэн Хьисэр лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм дэри Хьисэ ди псэм щыщу дыкъигъэтэджыжу, фэ дывигъусэу езым и пащхьэм дызэрыригъэувэнур дощӀэ.


Зы цӀыху гуэрым а хъыбарыфӀыр къеӀысхакъым, зыми ар сигъэщӀакъым, езы Хьисэ Мэссихь къысхуигъэнэхуащ а хъыбарыфӀыр.


ДызыгъэгуфӀэри дызыпэплъэ ди ӀыхьэфӀыр диӀэ зэрыхъуным дыщызыгъэгугъри фэракъэ? ТекӀуэныгъэр къызэрытхьар къэзыгъэлъагъуэ тажу, Зиусхьэн Хьисэ къыщыкӀуэжыну махуэм абы и пащхьэм дыщызэрыпэгэнур фэракъэ?


Ди къуэшхэ, лӀахэм я Ӏуэхур зытетыр фымыщӀэу фыкъэдгъэнэну дыхуейкъым, гугъэ зимыӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я гум къызэреуэм хуэдэу, фи гум къемыуэн щхьэкӀэ.


Хьисэ, и фӀагъ къыдигъэкӀын щхьэкӀэ, лӀащ, къыщыкӀуэжкӀэ, дыпсэуми дылӀами, абы дригъусэу дыпсэун папщӀэ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумрэ абы деж дызэрыщызэхуэсынумрэ ятеухуауэ, ди къуэшхэ, мыбыкӀэ дыныволъэӀу:


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan