Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Хьисэ лӀэуэ, лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэщ. Аращи, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр абы щӀыгъуу Тхьэм езым и деж зэришэнур ди фӀэщ мэхъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:14
16 Iomraidhean Croise  

Гад къытебэнэнущ хъунщӀакӀуэхэр, ауэ абы ахэр иригъэкӀуэтыжынурэ кърихуэкӀынущ.


Бжьамиишхуэм и макъ жаныр къэӀунущ итӀанэ икӀи ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дуней лъэныкъуиплӀкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.


Мэссихьи лӀэщ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжри къэпсэужащ. КъыщӀэпсэужар псэухэмрэ лӀахэмрэ я Зиусхьэн хъуну аращ.


Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀыху лъапӀэ псори и гъусэу мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀэ Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фиувэн щхьэкӀэ, фи гур ирегъэбыдэ.


Ди къуэшхэ, лӀахэм я Ӏуэхур зытетыр фымыщӀэу фыкъэдгъэнэну дыхуейкъым, гугъэ зимыӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я гум къызэреуэм хуэдэу, фи гум къемыуэн щхьэкӀэ.


ИтӀанэ дэ, псэууэ къэнахэр, абыхэм дащӀыгъуу Тхьэм уафэм дыдрихьеинущ, пшэхэм дахэту, хьэуам хэту Зиусхьэным дыщыӀущӀэн щхьэкӀэ. Зиусхьэным сыт щыгъуи дригъусэнущ итӀанэ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумрэ абы деж дызэрыщызэхуэсынумрэ ятеухуауэ, ди къуэшхэ, мыбыкӀэ дыныволъэӀу:


ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.


Макъ гуэрым мыпхуэдэу къыжиӀэу, уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ: – Тхы: Иджы къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу лӀэр гъуэгу махуэ теувэнущ. – Ар пэжщ, – жеӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм. – Я Ӏуэхур загъэщӀауэ, загъэпсэхужынущ, я фӀыщӀагъэхэр ягъуэтыжынущи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan