Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Ди къуэшхэ, лӀахэм я Ӏуэхур зытетыр фымыщӀэу фыкъэдгъэнэну дыхуейкъым, гугъэ зимыӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я гум къызэреуэм хуэдэу, фи гум къемыуэн щхьэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:13
35 Iomraidhean Croise  

Къызэхуэсащ абы и къуэхэри ипхъухэри, ар ягъэудэӀужын папщӀэ; ауэ ар хуейтэкъым удэӀужыну, жиӀащ мыр: – Нэщхъеягъуэм сыхэту сехыжынущ си къуэм деж щӀыкъатиблкӀэ. Апхуэдэу игъеящ и адэм Исуф.


Кхъэлэгъунэхэр къызэӀуха хъури, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу лӀауэ щытахэм ящыщ куэд къэтэджыжащ.


– ЛӀахэр къыщытэджыжыну иужьрей махуэм ари къызэрытэджыжынур сощӀэ, – къыжриӀащ Марфэ.


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и зэриухам тету, Даут и махуэхэм Тхьэм хуэлажьэри, дунейм ехыжащ. И адэжьхэр зыщӀэлъ кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжри, и хьэдэр фыжащ.


Лъэгуажьэмыщхьэу тӀысри, макъышхуэкӀэ жиӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, мы гуэныхьыр мы цӀыхухэм я пщэм думылъхьэ! Ар жиӀэри, и псэр хэкӀащ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ цӀыхухэм Стефан щӀалъхьэжри, хьэдагъэшхуэ хуащӀащ.


Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.


Си къуэшхэ, ди адэжьхэр Мусэ бегъымбарым и гъусэу, уафэпшэр пашэ яхуэхъуурэ, а уафэпшэм и щӀагъым щызекӀуэу зэрыщытар икӀи псори хым къызэрызэпрыкӀыжар фымыщӀэу фыщытыну сыхуейкъым.


Си къуэшхэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхухэм къарит лъэкӀыныгъэхэр зыхуэдэр фымыщӀэу фыкъэзгъэнэну сыхуейкъым.


Къуэш щитху нэхърэ нэхъыбэм закъригъэлъэгъуащ итӀанэ. Абыхэм ящыщу нэхъыбэр псэущ, ящыщ гуэрхэри дунейм ехыжащ.


Асие хэкум дызыщыхэта гузэвэгъуэм и хъыбарыр фэдгъэщӀэн хуейуэ долъытэ. Псэууэ дыкъелыну дымыгугъэжу, тшэчыфынум и лейуэ гузэвэгъуэшхуэ дыдэм дыхэтащ.


Пасэ зэманым Мэссихь фи псэм щымыщу фыпсэуащ. Израил лъэпкъым фыщымыщу, Тхьэм а лъэпкъыр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэм тещӀыхьа зэгурыӀуэныгъэхэмкӀэ Ӏыхьэ фимыӀэу хамэу фыщытащ. Гугъэ фимыӀэу, Тхьэр фымыщӀэу мы дунейм фытетащ.


Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.


Хьисэ лӀэуэ, лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэщ. Аращи, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр абы щӀыгъуу Тхьэм езым и деж зэришэнур ди фӀэщ мэхъу.


Зиусхьэным и псалъэхэм ятету мыр нывжыдоӀэ: Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, дэ, псэууэ къэнахэр, лӀахэм япэ дищынукъым.


Хьисэ, и фӀагъ къыдигъэкӀын щхьэкӀэ, лӀащ, къыщыкӀуэжкӀэ, дыпсэуми дылӀами, абы дригъусэу дыпсэун папщӀэ.


Аращи, нэгъуэщӀ цӀыхухэм яхуэдэу дыжей хъунукъым, атӀэ дымыжейуэ дысакъын, зышыӀэныгъи тхэлъын хуейщ.


мыпхуэдэу жаӀэнущ: «Хьисэ къигъэзэжыну дыкъигъэгугъащ. АтӀэ дэнэ щыӀэ? Ди адэжьхэр дунейм ехыжащ, ауэ Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ псори зэрыщытам тетщ».


Мы пэжыр фэркӀэ мынахуэу щремыт, фӀыуэ слъагъухэ: Зиусхьэным дежкӀэ зы махуэр илъэс миным хуэдэщ, илъэс минри зы махуэм хуэдэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan