Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Апхуэдэу щыхъукӀэ, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм я пащхьэм хабзэм тету фыщыпсэунущ, щыщӀагъэ гуэри фиӀэнукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:12
15 Iomraidhean Croise  

– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ адрей цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ Ӏуэхугъуэ псори ялъоӀэс.


Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпэмыувыж. ЦӀыху псоми фӀыуэ ялъытэр зэрыфщӀэным и ужь фит.


Махуэм и нэхум хэт цӀыхухэм яхуэдэу, хабзэм тету дывгъэпсэу; щхьэрутӀыпщу фэ ешхэн-ефэным зыдедвмыгъэхьэх, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэм, зэщыхьэным, фыгъуэным дыхэвмыгъэт.


ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.


Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.


ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къытемыпсэлъыхьын икӀи шейтӀаным и хъым имыхуэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсым щымыщхэри фӀыуэ щыхьэт зыхуэхъу цӀыхуу щытын хуейщ ар.


Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.


Фэ, фызхэм, нывжызоӀэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ. Ар фщӀэмэ, абыхэм ящыщхэр Тхьэм и псалъэхэм емыдаӀуэми, фэ, фызхэм, зыри жывмыӀэми, фи псэукӀэр зэралъагъум щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan