Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Ӏэсэу фыщыт, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхум фи Ӏуэху хэвмылъхьэу, фи ӀэхэмкӀэ фылажьэу фызэрыпсэуным фыщӀэкъу, унафэ зэрыфхуэтщӀам хуэдэу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:11
23 Iomraidhean Croise  

Ар зыхуэдэр мыращ: ЛӀы гуэр жыжьэ кӀуэну, унэм щӀокӀ. Езым и Ӏуэху ищӀэну, и унэр унэӀутхэм яӀэщӀелъхьэ хэти, куэбжэм Ӏут хъумакӀуэми мыжейуэ сакъыну унафэ хуещӀ.


Я ӀэщӀагъэр зэрызэхуэдэм щхьэкӀэ Паул абыхэм я деж щыӀэу ядэлажьэрт. Абыхэм я ӀэщӀагъэр шэтыр щӀынырт.


Апхуэдэу гугъу дехьурэ, къару зимыӀэхэм дазэрыдэӀэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкӀи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиӀа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: «Къуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ».


Жыджэрагъышхуэ зыхэвгъэлъ зэпыт, Зиусхьэным фыхуэлэжьэным гурэ псэкӀэ зефт.


НэгъуэщӀ цӀыху гуэрым игъэтӀылъа лъабжьэм си Ӏуэхур тезмыщӀыхьу, Мэссихь и цӀэр щызэхамыха щӀыпӀэхэм хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щалъэзгъэӀэсыну сыт щыгъуи и ужь ситщ.


Ди ӀэкӀэ дылажьэурэ, гугъу зыдогъэхь дэ. ЦӀыхухэр къыщытхуэшхыдэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ» яжыдоӀэж. ЦӀыхухэм гугъу дыщрагъэхькӀэ, зыхудогъэщэч.


Аращи, пкъым дыхэлъми дыхэмылъми, Зиусхьэным и гум дызэрырихьыным и ужь дитщ.


ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, гукъабзагъэкӀэ, мамыру икӀи дигу зэгъауэ дыпсэуфын щхьэкӀэ, пащтыхьхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ Тхьэм фахуелъэӀу.


Абы нэмыщӀуи, Ӏуэху ямыщӀэу, унэрыхьэ-унэрыкӀыу къакӀухь я хабзэщ. Ӏуэху зэрамыщӀэм и закъуэкъым, атӀэ Ӏуэрвэрхэу, я Ӏуэху зыхэмылъым я Ӏуэху халъхьэу, жамыӀэпхъэр яӀуатэ.


Ди цӀыхухэм фӀы щӀэным зрагъэсэн хуейщ, щыщӀагъэшхуэ зиӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ. ФӀагъ къызыпымыкӀ цӀыху иремыхъу.


атӀэ цӀыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу, гущабагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэ къыхэкӀ дахагъэ мыкӀуэдыжырауэ ирехъу дахэ фызыщӀыр. Тхьэм дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.


Фщыщ гуэрым гугъуехь ишэч хъумэ, щӀишэчыр е цӀыху укӀынкӀэ, е дыгъуэнкӀэ, е бзаджэщӀагъэкӀэ, е и Ӏуэху зыхэмылъым зэрыхэӀэбэм къыхэкӀу иремыхъу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan