Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Тимофейр фи деж къикӀыжри, ди деж къэкӀуэжащ иджы, абы фи фӀэщхъуныгъэмрэ фи фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбар дахэхэр къытхуихьащ. Фи гум дэ фӀыкӀэ зэпымыууэ дыкъызэрыкӀыжри, дэ фытлъагъуну дызэрыхуейм хуэдэу, дэ дыкъэфлъагъуну фэри фызэрыхуейри абы къытхуиӀуэтэжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:6
24 Iomraidhean Croise  

Паул Дервие къалэм, итӀанэ Листрэ къалэм нэсащ иужькӀэ. Тимофей и цӀэу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ лӀы гуэр абы дэсащ. Абы и анэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ журтт, и адэр алыджт.


Паул Афинэ къалэм дэкӀыжри, Коринф къалэм кӀуащ абы и ужькӀэ.


Силэрэ Тимофейрэ Македоние хэкум къыщикӀым, Паул гурэ псэкӀэ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, Хьисэ зэры-Мэссихьым* журтхэм я пащхьэм щыхьэт щытехъуэрт.


ЖысӀа псори фи гум къызэрывгъэкӀыжым щхьэкӀи, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм фызэратетым щхьэкӀи фӀыщӀэ фхузощӀ.


Аращи, мы Ӏуэхуищыр мыкӀуэдыжынщ: фӀэщхъуныгъэр, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр, фӀылъагъуныгъэр. Абыхэм ящыщу нэхъ иныр фӀылъагъуныгъэр арщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.


Хьисэ Мэссихь и фӀылъагъуныгъэр си гум илъу сэ фӀыуэ фызэрыслъагъумкӀэ Тхьэр си щыхьэтщ.


Мэссихь ХьисэкӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэтхащи.


Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.


Дигурэ ди псэкӀэ фи деж дыщыӀэми, дипкъкӀэ зыкъомрэ дыкъыщывбгъэдэкӀыжым, ди къуэшхэ, дыфщӀэхъуэпсу, фызэдгъэлъагъуным куэду дыхэтащ.


Ди къуэшхэ, куэду дызэрылажьэу щытари, гугъуехь ттелъу дылажьэу зэрыщытари фи гум къэвгъэкӀыж. Фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр щыфхуэтӀуатэм, жэщи махуи дылэжьащ.


Ди къуэшхэ, гугъуехь псоми гузэвэгъуэ псоми дахэт пэтми, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбаркӀэ ди гур вгъэзэгъащ.


Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.


Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.


Си адэжьхэм хуэдэу, сигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызыхуэлажьэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. Тхьэм селъэӀуу, жэщи махуи зэпымыууэ уи гугъу сщӀыуэ, Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.


Зиусхьэн ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми яхууиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэсхащ.


Лъэхъуэщым щӀэсхэр, абы фадыщӀэсым хуэдэу, икӀи гугъуехь зышэчхэри, гугъуехь ядэфшэчым хуэдэу, зыщывмыгъэгъупщэ. Фэри мы дунейм тет цӀыхухэм фащыщщ.


Тхьэм и псалъэхэр къывжезыӀа фи унафэщӀ къушхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Дунейм зэрехыжами феплъи, я фӀэщхъуныгъэм и лъэужьым фрикӀуэ.


Мыращ и унафэр: и Къуэу Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэнырщ икӀи Мэссихь унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, фӀыуэ дызэрылъагъунырщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan