Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Аращи, нэхъыбэ схуэмыхьыжу, фи фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ Тимофейр фи деж нэзгъэкӀуащ. ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэщӀэну и ужь ит шейтӀаным зыгуэркӀэ фыдихьэхыу, ди Ӏуэхур пщӀэншэ хъуакӀэ сышынат.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:5
20 Iomraidhean Croise  

ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэлэжь шейтӀаныр къыбгъэдыхьэри Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэхэм унафэ хуэщӀ.


Зыкъом дэкӀа нэужь, Паул Варнавэ жриӀащ: – Тхьэм и псалъэхэм щедгъэдаӀуэу щыта къалэ псоми дэс къуэшхэм я деж дыгъэгъэзэжи, зэрыпсэур зэдгъэгъэлъагъу.


ТӀури фызэгурыӀуэу икӀи зэману вгъэувамкӀэ нэщӀымрэ Тхьэм елъэӀунымрэ я ужь фыщитынум деж фӀэкӀа пэӀэщӀэ зызэхуэвмыщӀ. ИтӀанэ, зывмышыӀэфмэ, фызэкӀуалӀэ, шейтӀаным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ.


шейтӀаным дыкъимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэщэр дымыщӀэу дыщыткъым.


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


Ерусалим сыкӀуэн хуейуэ Тхьэм къызгуригъэӀуати, сыкӀуащ. Хамэ лъэпкъхэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀыр унафэщӀ къуэшхэм я закъуэу я пащхьэм щысӀуэтащ, сэ злэжь икӀи злэжьа Ӏуэхур пщӀэншэ мыхъун щхьэкӀэ.


Фэр щхьэкӀэ согузавэ, сэ гугъу пщӀэнщэу зывдезмыгъэхьауэ пӀэрэ фэ?


Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.


ГъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр фи Ӏэм илъу, дуней кӀыфӀым къыхэцӀуукӀ вагъуэхэм хуэдэу а цӀыхухэм факъыхэлыдыкӀынущ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, сызэрыфхуэлэжьар икӀи сызэрыфхуешар пщӀэншэ зэрымыхъуам Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм сригуфӀэнущ.


Тимофей куэд мыщӀэу ныфхуэзгъэкӀуэфынкӀэ Зиусхьэн Хьисэ сыщогугъ, фи хъыбархэр зэхэсхыу си гур псэхужын щхьэкӀэ.


Тимофейр фи деж къикӀыжри, ди деж къэкӀуэжащ иджы, абы фи фӀэщхъуныгъэмрэ фи фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбар дахэхэр къытхуихьащ. Фи гум дэ фӀыкӀэ зэпымыууэ дыкъызэрыкӀыжри, дэ фытлъагъуну дызэрыхуейм хуэдэу, дэ дыкъэфлъагъуну фэри фызэрыхуейри абы къытхуиӀуэтэжащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan