Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Фи деж дыщыщыӀам, гузэвэгъуэ дызэрыхэхуэнур нывжетӀэгъащ. Фэ зэрыфщӀэщи, апхуэдэуи хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:4
12 Iomraidhean Croise  

Мис, а Ӏуэхухэр къэхъун и пэкӀэ абыхэм я хъыбар нывжесӀащ.


Паулрэ и гъусэхэмрэ Амфипол, Аполлоние къалэхэм къаблэкӀри Фессалоникэ къалэм къэкӀуащ. Журтхэм абы синэгуэгу щаӀащ.


Паул Верие къалэм дэс цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэу зэрыщытар Фессалоникэ щыщ журтхэм къыщащӀэм, Верие къакӀуэри, цӀыхубэр зэщӀагъэплъащ икӀи къагъэпӀейтеящ.


Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.


Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, Иудей хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящыщ цӀыхухэм я лъэужьым фытехьащ. Журтхэм абыхэм гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщытам хуэдэу, фи лъэпкъым щыщхэм фэри гугъуехь фагъэшэчащ.


Фэ зэрыфщӀэщи, Филиппи къалэм дыщыщыӀам, цӀыхухэм гугъуехь куэд дагъэшэчу, къытхуэхъущӀэу, фи деж цӀыху куэд къыщытпэуву щытами, Тхьэм дигъэгушхуэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтащ.


Фи деж сыщыщыӀэм, а Ӏуэхухэр зэрывжесӀар фигу къэкӀыжыркъэ?


Фи деж дыщыщыӀам, мы унафэр фхуэтщӀащ: Лэжьэну хуэмейр иремышхэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan