Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀыху лъапӀэ псори и гъусэу мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀэ Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фиувэн щхьэкӀэ, фи гур ирегъэбыдэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:13
28 Iomraidhean Croise  

– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.


Иджырей цӀыхуу Тхьэр зымыщӀэу гуэныхь зыщӀэхэм ящыщу сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. МелыӀыч лъапӀэхэр си гъусэу, си Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ, сытеукӀытыхьыжынущ абы.


Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.


Уэ хэт ухъуну, нэгъуэщӀ цӀыхум хуэлажьэр бгъэкъуэншэну? Ар гъуэгу пэжым тетми темытми, езым и Зиусхьэным и Ӏуэхукъэ? Ари гъуэгу пэжым тетынущ, Зиусхьэным тригъэтын лъэкӀынущи.


Ауэ а Ӏуэхур къызэрыхъунур хэти щичэзум дежщ: лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар Мэссихьщ. Абы дунейм къыщигъэзэжкӀэ, и цӀыхухэр къэтэджыжынущ.


Хьисэ Мэссихьщ иджырей дунейм и тепщэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжын, ди Тхьэуэ икӀи ди Адэ лъапӀэм зэрыфӀэигъуам тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, зи псэр зытар.


Абы нэмыщӀу, Мэссихь и псэр щӀитар члисэ зэхуэсым дахагъэ иӀэу, е бжьыгъэ, е зэлъагъэ, е апхуэдэ щыщӀагъэ лъэпкъ имыӀэу, атӀэ гукъабзэу, къуаншагъэ зыри бгъэдэмылъу, езым и пащхьэм иригъэувэн папщӀэщ.


Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.


Ау иджы лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа пкъы иӀауэ, Мэссихь зэрылӀамкӀэ Тхьэм езым фызригъэкӀужащ. Ар щӀищӀар фигухэр къабзэу, къуаншагъэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ вбгъэдэмылъу, Тхьэм езым и пащхьэм фригъэувэн щхьэкӀэщ.


ДызыгъэгуфӀэри дызыпэплъэ ди ӀыхьэфӀыр диӀэ зэрыхъуным дыщызыгъэгугъри фэракъэ? ТекӀуэныгъэр къызэрытхьар къэзыгъэлъагъуэ тажу, Зиусхьэн Хьисэ къыщыкӀуэжыну махуэм абы и пащхьэм дыщызэрыпэгэнур фэракъэ?


Езы ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фи деж дынэкӀуэжыну гъуэгу къытхузэӀурах.


Тимофей фи деж нэдгъэкӀуащ. Ар ди къуэшщ, Тхьэм хуолажьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэтӀуэтэн ӀуэхумкӀэ къыддоӀэпыкъу. Ар фи деж ныщӀэдгъэкӀуар мы гузэвэгъуэхэм фэ фщыщ зыри гъуэгу захуэм трамыгъэкӀын щхьэкӀэ фигухэр игъэбыдэн икӀи фи фӀэщхъуныгъэм фытетыну фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм даӀууэн хуейуэ зэрыщытыр фэ фощӀэ.


Зиусхьэным и псалъэхэм ятету мыр нывжыдоӀэ: Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, дэ, псэууэ къэнахэр, лӀахэм япэ дищынукъым.


ИтӀанэ дэ, псэууэ къэнахэр, абыхэм дащӀыгъуу Тхьэм уафэм дыдрихьеинущ, пшэхэм дахэту, хьэуам хэту Зиусхьэным дыщыӀущӀэн щхьэкӀэ. Зиусхьэным сыт щыгъуи дригъусэнущ итӀанэ.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ.


Ар къыщыхъунур Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэрщ. А махуэм Зиусхьэным и цӀыху лъапӀэхэм абы щӀыхьышхуэ хуащӀынущ, абыкӀи фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа псоми ар яфӀэтелъыджэнущ. Фэри а цӀыхухэм фахэтынущ, ди щыхьэтыгъэр фи фӀэщ хъуащи.


Фэ, гузэвэгъуэм хэтхэр, фыдигъусэу гузэгъэгъуэ къывитыжынуи Тхьэм захуагъэу елъытэ. Ар къыщыхъунур Зиусхьэн Хьисэ уафэм къехыу, лъэкӀыныгъэ зиӀэ и мелыӀычхэр щӀыгъуу къыщылъэгъуэжыну махуэрщ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумрэ абы деж дызэрыщызэхуэсынумрэ ятеухуауэ, ди къуэшхэ, мыбыкӀэ дыныволъэӀу:


Апхуэдэу, фэри шыӀэныгъэ зивгъэӀэ, фигу вгъэбыдэ Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэблэгъащи.


НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.


Еныху бегъымбару Ӏэдэм зи цӀэм къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу еханэм и гум Тхьэм кърилъхьэ псалъэхэр жиӀэурэ, а цӀыхухэм теухуауэ мыпхуэдэу жиӀащ: «ФыкъэдаӀуэ, бжыгъэ зимыӀэ мелыӀыч лъапӀэхэр и гъусэу Зиусхьэныр къэкӀуэнущ.


И гъуэгум фытекӀыным Тхьэм фыщихъумэн лъэкӀынущ, лажьи фимыӀэу, гуфӀэгъуэшхуи фиӀэу, езы щӀыхьышхуэ ЗиӀэм и пащхьэм фригъэувэн лъэкӀынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan