Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 АпхуэдизкӀэ фӀыуэ фытлъэгъуати, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтэн къудейр аркъым дызыхуеяр, атӀэ ди псэр фхуэттынуи дыхуеящ. АпхуэдизкӀэ фӀыуэ фытлъэгъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:8
23 Iomraidhean Croise  

Дзэ пашэ гуэрым фӀыуэ илъагъу унэӀут иӀэт. А унэӀутыр лӀэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэт.


Сэ сы-Паулщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ. Мэссихь и апостол сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну сигъэуващ.


Си къуэшхэ, си гур зыщӀэхъуэпсри Тхьэм сызэрелъэӀу зэпытри си лъэпкъ израил мыкӀуэду къригъэлыну арщ.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм сыщӀыгъуу сынызэрыкӀуэнур сощӀэ.


Фэ фӀы дыдэу фыслъагъуу, фэ нэхъ мащӀэу фӀыуэ сыкъэфлъагъужу щыт пэтми, фи псэхэм щхьэкӀэ сиӀэу хъуар згъэкӀуэдыну икӀи си щхьэкӀэ зызгъэкӀуэдыжыну си гуапэщ.


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


Си бынхэ, лъхугъэм гугъу иригъэхь цӀыхубз сыхуэдэщ фэр щхьэкӀэ, Мэссихь фи псэм щыщ хъуху.


Хьисэ Мэссихь и фӀылъагъуныгъэр си гум илъу сэ фӀыуэ фызэрыслъагъумкӀэ Тхьэр си щыхьэтщ.


Фэ Тхьэм хуэфщӀ къурмэныпхъэр фи фӀэщхъуныгъэр арщ. А къурмэныпхъэм сэ си гъащӀэм илъ хэлъэда хъуми, сыгуфӀэнущ икӀи фэ псоми сывигъусэу сыгуфӀэнущ.


Тимофейм фӀэкӀа, и фӀэщу къыфхуэгузавэ нэгъуэщӀ зыри сиӀэкъым.


Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ.


Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыр доӀуатэ. Дэтхэнэ зы цӀыхум МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и пащхьэм цӀыху нэгъэсауэ идгъэувэн щхьэкӀэ, акъылыфӀагъэ псомкӀи гурыдогъаӀуэ икӀи идогъащӀэ.


ФӀыуэ тлъагъу, къыддэлажьэ Епафрас хъыбарыфӀыр фигъэщӀащ. Абы и фӀагъ къывигъэкӀыурэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ хуолажьэ.


Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.


Сэ сы-Паулщ. Хьисэ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ. ФӀыуэ тлъагъуу, къыддэлажьэ Филимон, члисэ зэхуэсым щыщу уи унэм щызэхыхьэхэм,


Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.


ФӀылъагъуныгъэр зыхуэдэр дэзыгъащӀэр мыращ: Хьисэ Мэссихь и псэр тхуитащ. Дэри ди псэр ди къуэшхэм папщӀэ ттын хуейщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan