Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Фэрами нэгъуэщӀхэрами, цӀыхухэм щӀыхь зыхуедгъэщӀыну дыхэтакъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:6
24 Iomraidhean Croise  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щытхъум нэхърэ цӀыхухэм я щытхъур нэхъ я гуапэти.


– ЦӀыхухэр зыщызгъэтхъуну сыщӀэкъуркъым сэ.


Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?


Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэм езым и щхьэм и фейдэщ къилъыхъуэр, ауэ ар къэзыгъэкӀуам и щӀыхьыр иӀэтыну и ужь итыр щыпкъэгъэ зыхэлъ цӀыхущ, абы мыпэж лъэпкъ хэлъкъым.


Тхьэм цӀыхухъур цӀыхубзым къыхуигъэщӀакъым, атӀэ цӀыхубзырщ лӀым къыхуигъэщӀар.


Фи деж сыщымыӀэу мы Ӏуэхухэр ныщӀыфхуэстхыр, фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Зиусхьэным къызита лъэкӀыныгъэкӀэ пхъашэу сыфхущытын хуей мыхъун щхьэкӀэщ. Фызгъэунэхъуну аракъым, гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ фэзгъэгъуэтыну арщ Зиусхьэным а къарур къыщӀызитар.


ЦӀыхухэм дэ яхуэтӀуатэ хъыбарыр зытеухуар дэракъым, атӀэ Хьисэ Мэссихь Зиусхьэну зэрыщытыр аращ. Дэри Хьисэ и гъуэгу дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ дыфхуолажьэ.


Иджы цӀыхухэм сыкъызэрадэным сыхэт, е Тхьэм сыкъызэридэныр ара сызыхэтыр? Е цӀыхухэм я гум сызэрырихьыныра сызыхэтыр? ЦӀыхухэм я гум сызэрырихьыным иджыри къэс сыхэтатэмэ, Мэссихь сыхуэлажьэу сыщытынтэкъым.


ДыкъызыфӀэщӀыжу, дызэрыгъэгубжьу икӀи зыр зым дефыгъуэу дыщывмыгъэт.


Сунэт ящӀа дыдэхэми Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэркъым, ауэ сунэт фащӀыну и ужь итщ, сунэт фызэращӀамкӀэ зыщытхъужын щхьэкӀэ.


Ди къуэшхэ, куэду дызэрылажьэу щытари, гугъуехь ттелъу дылажьэу зэрыщытари фи гум къэвгъэкӀыж. Фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр щыфхуэтӀуатэм, жэщи махуи дылэжьащ.


Члисэ зэхуэсыр фӀыуэ зезыхьэ нэхъыжьхэм щӀыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ, псом хуэмыдэжу Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэурэ езыгъащӀэхэм.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan