Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Дигурэ ди псэкӀэ фи деж дыщыӀэми, дипкъкӀэ зыкъомрэ дыкъыщывбгъэдэкӀыжым, ди къуэшхэ, дыфщӀэхъуэпсу, фызэдгъэлъагъуным куэду дыхэтащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:17
16 Iomraidhean Croise  

Сэ сипкъкӀэ фи деж сыщымыӀэми, сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэщ. ГъэпсыкӀэфӀу фиӀэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэм и быдагъэри щыслъагъукӀэ согуфӀэ.


Си щхьэрэ сипкъкӀэ фи деж сыщымыӀэми, сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэщ сэ, фи дежи сызэрыщыӀэм хуэдэу, ар зыщӀар згъэкъуэншакӀэщ.


Тимофейр фи деж къикӀыжри, ди деж къэкӀуэжащ иджы, абы фи фӀэщхъуныгъэмрэ фи фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбар дахэхэр къытхуихьащ. Фи гум дэ фӀыкӀэ зэпымыууэ дыкъызэрыкӀыжри, дэ фытлъагъуну дызэрыхуейм хуэдэу, дэ дыкъэфлъагъуну фэри фызэрыхуейри абы къытхуиӀуэтэжащ.


Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.


Ауэ иджы мы лъэныкъуэм сэркӀэ Ӏуэху щымыӀэжу, илъэс куэд хъуауэ фи деж сынэкӀуэну сызэрыхуеям къыхэкӀкӀэ,


– Гугъуехь сшэчынум и пэ къихуэу мы ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр фи гъусэу сшхыну гукъыдэжышхуэ сиӀащ, – яжриӀащ абыхэм.


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд


Жэщ зэрыхъуу, къуэшхэм Паулрэ Силэрэ Верие къалэм ягъэкӀуащ. Зэрынэсу, ахэр журтхэм я синэгуэгум щӀыхьащ.


ИтӀанэ Израил Исуф жриӀащ: – Сыгугъэртэкъым сэ услъагъужыну; ауэ Тхьэм сигъэлъэгъуащ уи сабийхэри.


ЖиӀащ абдеж Израил: – Дэгъуэщ, псэущ иджыри си къуэ Исуф; сыкӀуэнщи, слъагъунщ ар сымылӀэ щӀыкӀэ.


– Ауэ уэ укӀуэжами зи хэлъкъым, сыту жыпӀэмэ уэ укъытричырт уи адэм и унэм уихьэжыну, ауэ сыт къыщӀэбдыгъуар-тӀэ си тхьэ сурэтхэр?


Псалъэм щхьэкӀэ, уи дауэгъум уригъусэу хеящӀэм деж ущыкӀуэкӀэ, гъуэгум фытетыху, узэрекӀужыным и ужь ит. Армырамэ, уи дауэгъум хеящӀэм* и пащхьэм уришэнущ, абы лъэхъуэщ хъумакӀуэм уӀэщӀилъхьэнущ, лъэхъуэщ хъумакӀуэм лъэхъуэщым ущӀидзэнущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan