Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр щахуэтӀуатэм, къытпэувыну хэтащ. Апхуэдэу я гуэныхьхэм я бжыгъэр и кӀэм нэс ягъэбагъуэурэ, зэтралъхьэ зэпытщ. Ауэ Тхьэм и губжьыр икӀэм-икӀэжым къатехуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:16
52 Iomraidhean Croise  

– ЕплӀанэ щӀэблэм деж къагъэзэжынущ къэпщӀэхъунухэм мыбдеж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ эмор цӀыхухэм я хабзэншагъэхэм я пщалъэр иджыри гъэнщӀа хъуакъым.


Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.


ФеуэжьэрэкӀ-тӀэ, абы щыгъуэ фи адэжьхэм къаубла Ӏуэхур вгъэбатэ.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀылъэ псом тет цӀыхухэр ирагъэдэӀуэн хуейуэ щытщ, цӀыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкӀэ. Дунейм и кӀэухыр къэсынущ абы и ужькӀэ.


Гъунэгъууи жыжьэуи зауэ хъыбар щызэхэфхынущ, ауэ фыщӀэшынэн щыӀэкъым. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.


Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.


Ар зи фӀэщ хъууэ зезыгъэумэхъыр Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ, ауэ зи фӀэщ мыхъур Тхьэм игъэкъуэншэнущ.


Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ.


Ауэ пщӀэ зиӀэ цӀыхубзу Тхьэр зыгъэлъапӀэхэмрэ къалэм и пашэхэмрэ къызэщӀагъэплъащ журтхэм. Арати, цӀыхухэр Паулрэ Варнавэрэ ятезэрыгуэну зэщӀаӀэтащ, я хэкуми кърахуащ а тӀур.


Къалэхэу Антиохиерэ Икониерэ къикӀри, журт гуп къэкӀуащ абы и ужькӀэ. Тегушхуауэ апостолхэм Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэм, журтхэм «Мы лӀыхэм жаӀэр пэжкъым, пцӀы яупс», жаӀэурэ цӀыхухэр апостолхэм къыбгъэдашащ. А журтхэм цӀыхубэр зэщӀагъаплъэри, Паул мывэкӀэ къеуэурэ къаукӀыну хэтащ икӀи, лӀауэ ялъытэри, къалэм далъэфащ.


Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну зымыдэ журтхэм хамэ лъэпкъ щыщхэр зэщӀагъэплъэри, къуэшхэм къыхуагъэгубжьащ.


Хамэ лъэпкъ щыщхэри, журтхэри, абыхэм я пашэхэри я гъусэу, зэгурыӀуэри, мурад ящӀащ Паулрэ Варнавэрэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэну, мывэкӀэ къеуэури къаукӀыну.


Паул Верие къалэм дэс цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэу зэрыщытар Фессалоникэ щыщ журтхэм къыщащӀэм, Верие къакӀуэри, цӀыхубэр зэщӀагъэплъащ икӀи къагъэпӀейтеящ.


Ауэ абыхэм цӀыху ерыщ гуэрхэр яхэтащ, цӀыхухэм я пащхьэм Зиусхьэным и гъуэгум ӀейкӀэ щытепсэлъыхьрэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуну ямыдэу. Ар щилъагъум, Паул абыхэм къахэкӀыжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр къахишащ, Тыранн зи цӀэм и еджапӀэм Тхьэм и псалъэхэм махуэ къэс щригъэдаӀуэуи щӀидзащ.


Я сабийхэр сунэт ямыщӀынуи я хабзэхэм темытынуи жыпӀэу, хамэ лъэпкъхэм яхэс журт псори Мусэ и гъуэгум текӀыну бущийуэ жаӀэурэ, цӀыхухэм зэрахьэ хъьыбар пхэнжыр зэхахащ.


ЕтӀуанэ махуэм и пщэдджыжьым журт гуп зэгурыӀуэри, тхьэ яӀуащ: – Паул дымыукӀауэ, дышхэнукъым икӀи дефэнукъым, – жаӀэри.


Уэчыл Тертулл жиӀа а псалъэхэм журтхэр щыхьэт техъуэурэ, абы дэӀэпыкъуэгъу хуэхъуащ.


Дин пашэшхуэхэмрэ журтхэм я пашэхэмрэ Паул щхьэкӀэ Фест деж тхьэусыхакӀуэ кӀуащ абы щыгъуэ.


Паул къыщашэм, Ерусалим къикӀа журтхэм къаувыхьри, кӀэрымылъ фӀеягъэ куэд кӀэралъхьэу щӀадзащ, ауэ жаӀэр пэжу къыщӀагъэкӀын ялъэкӀыртэкъым.


– ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цӀэм нэмыщӀ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щӀагъым щӀэт цӀыхухэм иритауэ зыри щыӀэкъым.


Махуэ зыкъом дэкӀа нэужь, Щаул яукӀыну мурад ящӀащ журтхэм.


Сэри сщӀэ Ӏуэху псомкӀи цӀыху псоми я гум сызэрырихьыным сыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си фӀагъкъым зи ужь ситыр, атӀэ цӀыху куэдым я фӀагъщ, ахэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ.


Си къуэшхэ, цӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ иджы яжесӀамэ (сэ жысӀауэ жаӀэу, цӀыхухэм пцӀы къызэрыстралъхьэм хуэдэу), сыт цӀыхухэм гугъу иджыри сыщӀрагъэхьыр? ЦӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ яжесӀатэмэ, абы щыгъуэ Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбарым цӀыхухэм я гу иримыхьын гуэри къыхэнэнтэкъым.


Аращи, си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, гугъуехь зэрысшэчым щхьэкӀэ фи гур фымыгъэныкъуэну сыныволъэӀу. Сэ сшэч а гугъуехьым фэркӀэ фӀы хэлъщ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,


Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.


КӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэр сыт хуэдэ бзаджагъэкӀи игъэпцӀэнущ. Ахэр щӀэкӀуэдыр, мыкӀуэду зыкърагъэлын щхьэкӀэ, щыпкъагъэр фӀыуэ ялъагъун зэрамыдар арщ.


ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлыну икӀи щыпкъагъэр ящӀэну хуейщ ар.


Ауэ гъурцрэ пыжь банэрэ къызыщыкӀ щӀым зы пщӀи иӀэкъым. А щӀым Тхьэм и ней къыщыхуэнущ куэд мыщӀэу. ИкӀэм-икӀэжым ар мафӀэкӀэ ягъэсыжынущ.


Бзаджагъэ зылэжьыр бзаджагъэ илэжьыным хрет дяпэкӀи. ФӀеигъэм хэтри хрет иджыри. Щыпкъагъэр зылэжьыри щыпкъагъэр илэжьыным хрет. Зи гур къабзэ цӀыхум и гур къабзэ зэпыт ирехъу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan