Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, Иудей хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящыщ цӀыхухэм я лъэужьым фытехьащ. Журтхэм абыхэм гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщытам хуэдэу, фи лъэпкъым щыщхэм фэри гугъуехь фагъэшэчащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:14
26 Iomraidhean Croise  

Стефан мывэкӀэ еуэурэ яукӀа нэужь, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гугъуехь куэд зэрырагъэшэчам къыхэкӀкӀэ, ахэр зэбгрыкӀащ. Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр журтхэм фӀэкӀа зыми хуамыӀуатэурэ, Финикие хэкуми, Кипр хытӀыгуми, Антиохие къалэми нэс кӀуащ ахэр.


Ауэ пщӀэ зиӀэ цӀыхубзу Тхьэр зыгъэлъапӀэхэмрэ къалэм и пашэхэмрэ къызэщӀагъэплъащ журтхэм. Арати, цӀыхухэр Паулрэ Варнавэрэ ятезэрыгуэну зэщӀаӀэтащ, я хэкуми кърахуащ а тӀур.


Къалэхэу Антиохиерэ Икониерэ къикӀри, журт гуп къэкӀуащ абы и ужькӀэ. Тегушхуауэ апостолхэм Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэм, журтхэм «Мы лӀыхэм жаӀэр пэжкъым, пцӀы яупс», жаӀэурэ цӀыхухэр апостолхэм къыбгъэдашащ. А журтхэм цӀыхубэр зэщӀагъаплъэри, Паул мывэкӀэ къеуэурэ къаукӀыну хэтащ икӀи, лӀауэ ялъытэри, къалэм далъэфащ.


Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну зымыдэ журтхэм хамэ лъэпкъ щыщхэр зэщӀагъэплъэри, къуэшхэм къыхуагъэгубжьащ.


А къалэм дэс цӀыхухэр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуащ. Языныкъуэхэр журтхэм, адрейхэр апостолхэм ягухьащ.


Хамэ лъэпкъ щыщхэри, журтхэри, абыхэм я пашэхэри я гъусэу, зэгурыӀуэри, мурад ящӀащ Паулрэ Варнавэрэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэну, мывэкӀэ къеуэури къаукӀыну.


Паул Верие къалэм дэс цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэу зэрыщытар Фессалоникэ щыщ журтхэм къыщащӀэм, Верие къакӀуэри, цӀыхубэр зэщӀагъэплъащ икӀи къагъэпӀейтеящ.


Галлион зи цӀэр Ахаие хэкум и Ӏэтащхьэ щыхъум, журтхэр зэгъусэ хъущ, Паул тезэрыгуэри, хеящӀэм и пащхьэм ирашащ.


Стефан зэраукӀар Щаул фӀэзахуэщ. Члисэ зэхуэсым щыщу Ерусалим дэсхэр хуабжьу къызэрахуэкӀыу щӀадзащ цӀыхухэм а махуэ дыдэм. Апостолхэм нэмыщӀ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкӀащ.


Щаул члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкӀуэдыну хэтт. Зы унэм щӀэкӀмэ, адрей унэм щӀыхьэурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухъухэри цӀыхубзхэри езым и цӀыхухэм лъэщыгъэкӀэ иригъэубыдурэ лъэхъуэщым щӀригъадзэрт.


Щаул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр хуабжьу игъэбийуэ, «Хьисэ и гъуэгум фытемыкӀмэ, фыдукӀынущ» яжриӀэ зэпытт. Дин пашэшхуэм деж кӀуэри елъэӀуащ:


– Зиусхьэн, – жиӀащ Ананий, – мы лӀым уэ уи цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ярищӀа хьэкӀэкхъуэкӀагъэр зыхуэдизыр куэдым къызжаӀащ.


Апхуэдэурэ, Иудей, Галилей, Самарие хэку псоми щыӀэ члисэ зэхуэсхэм мамырыгъэ яӀэ хъуащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гурэ псэкӀэ нэхъ къару ягъуэтурэ, Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀыр я гум илъурэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэгушхуэурэ, ахэр нэхъыбэ хъуащ.


Журтхэми, алыджхэми, Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэми я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фащыхуэмыхъу.


Хэти, Зиусхьэным къыхуигъэува псэукӀэм тету, и бынхэм ящыщ хъуну Тхьэм къыщыхуриджэм зэрыщытам хуэдэу псэун хуейщ. Члисэ зэхуэс псом аращ сэ яхуэсщӀ унафэр.


Мэссихь и члисэ зэхуэсу Иудей хэкум щыӀэхэм си нэкӀу ялъэгъуатэкъыми, сацӀыхуртэкъым.


Сэ сы-Паулщ. Силуанрэ Тимофейрэ си гъусэу, фэ, Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ зейуэ, Фессалоникэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Ди лъэужьми Зиусхьэным и лъэужьми фрикӀуэу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэм фыхэту щыта пэтми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьа гуфӀэгъуэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр фщтащ.


Фи деж дыщыщыӀам, гузэвэгъуэ дызэрыхэхуэнур нывжетӀэгъащ. Фэ зэрыфщӀэщи, апхуэдэуи хъуащ.


Сэ сы-Паулщ. Фэ, Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ зейуэ, Фессалоникэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм, Силуанрэ Тимофейрэ си гъусэу мы тхылъыр ныфхузотх.


Аращи, цӀыхухэм сыт хуэдиз гугъуехь фагъэшэчми, сыт хуэдиз гузэвэгъуэ фыхэтми, теубыдагъэрэ фӀэщхъуныгъэрэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и члисэ зэущӀэхэм и пащхьэм дыщыфщотхъу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan