Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Тхьэм фӀыщӀэ зэпымыууэ худощӀ. Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэӀэсам, цӀыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атӀэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпӀэкӀи Тхьэм и псалъэщ ахэр. А псалъэхэр фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, фи гум илъщи, ӀуэхуфӀ фи гум щалэжь.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:13
41 Iomraidhean Croise  

Къэпсэлъэнур фэракъым, атӀэ фи Адэ лъапӀэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъыращ.


– Фэ фезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу икӀи сэ сезыгъэблагъэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.


– Пэжщ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащӀэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ.


Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ.


– Ущие хъыбарым къикӀыр мыращ: Жылэр Тхьэм и псалъэрщ.


– Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыгъэзащӀэхэращ сэ си анэри си къуэшхэри, – яжриӀащ Хьисэ.


Фэ фигухэр сэ вжесӀа псалъэхэмкӀэ къабзэ хъуакӀэщ.


Абыхэм пэжыгъэкӀэ зыкъыуатын щӀы. Уэ уи псалъэхэращ щыпхъэр.


Сэ абыхэм я хьэтыркӀэ уэ зыныузот, абыхэми пэжу зыкъыуата хъун щхьэкӀэ.


Асыхьэтуи ныпкӀэлъызгъэкӀуащ. УкъызэрыкӀуар фӀыуэ пщӀащ. Зиусхьэным къыпхуищӀа унафэм дедэӀуэну псори Тхьэм и пащхьэм дитщ иджы.


Хамэ лъэпкъ щыщхэм ар щызэхахым, гуфӀэри, Зиусхьэным и псалъэхэм щӀыхь хуащӀащ. ИкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ зритыну Тхьэм игъэува цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


ЦӀыхубз гуэр, Лидие и цӀэу, яхэт абыхэм, къэдаӀуэу. Ар Фиатирэ къалэм дэс щэкӀ плъыжь-фӀыцӀафэ лъапӀэ зыщэхэм ящыщт. Тхьэр игъэлъапӀэрт абы. Паул жиӀахэм и фӀэщу едэӀуэну, Тхьэм абы и гур хузэӀуихащ.


Фессалоникэ дэсхэм нэхърэ, Верие дэсхэм щыпкъагъэ нэхъ яхэлът. Тхьэм и псалъэхэм я гуапэу еувэлӀащ. Паул жиӀахэр Тхьэм и псалъэу тхахэм техуэрэ темыхуэрэ зэхагъэкӀын щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм махуэ къэси хэплъэрт.


ЛӀахэр къызэрытэджыжынум и хъыбарыр Паул жиӀэу щызэхахым, языныкъуэхэр Паул щыдыхьэшхащ, языныкъуэхэм жаӀащ: – Уэ мы жыпӀа хъыбарым дедэӀуэну дыхуейщ дяпэкӀи.


Петр и псалъэхэм еувэлӀахэм зрагъэумэхъащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм минищ хуэдиз хэхъуащ а махуэм.


Ерусалим дэс апостолхэм Самарие цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр къабыл зэращӀар щызэхахым, Петррэ Иуанрэ абыхэм я деж ягъэкӀуащ.


Аращи, хъыбарыфӀыр щызэхахкӀэ цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ мэхъу, Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым щахуиӀуатэкӀи а хъыбарыфӀыр зэхах.


Дэ псоми, зи нэгу щӀэмыӀуфауэ, Зиусхьэным и щӀыхьышхуэм, гъуджэм иплъэ хуэдэ еплъхэм, нэхъ щӀыхьышхуэ диӀэ хъу зэпыту, езым хуэдэ дыхъуурэ, зэпымыууэ зыдохъуэж. А псори къызыбгъэдэкӀыр Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр арщ.


Си сыщысымаджэм гугъу фыкъыздехьами, нэмыплъ къызэфтакъым икӀи Ӏумпэми сыфщӀакъым, Тхьэм сримелыӀыч хуэдэ, е сы-Мэссихь Хьисэ хуэдэ фыкъысхущытащ.


Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.


Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху.


А гупсэхужыпӀэм и хъыбарыр абыхэм зэралъэӀэсам хуэдэу, дэри къытлъэӀэсащ. Ауэ абыхэм зэхаха хъыбарыфӀым и фӀагъ къекӀыу щытакъым, а хъыбарыфӀыр щызэхахым, я фӀэщ хъуатэкъыми.


Езыр хуеяти, щыпкъагъэм и псалъэхэмкӀэ езым и бын дигъэхъуащ, езым къигъэхъуа псоми ящыщу япэ дитын щхьэкӀэ.


щӀэрыщӀэу фыкъалъхужащи. ЩӀэрыщӀэу фыкъызэралъхужар кӀуэдыжыну жылэкъым, атӀэ мыкӀуэдыжын жылэщ. А жылэр гъащӀэ къызыхэкӀыу, Тхьэм и псалъэу игъащӀэкӀэ зызымыхъуэжынуращ.


Ауэ Тхьэм и псалъэхэр мыкӀуэдыжу игъащӀэкӀэ къонэ». А псалъэхэращ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм къыфхуаӀуэтар.


КъалъхуагъащӀэ сабийхэр анэ быдзышэм зэрыщӀэхъуэпсым хуэдэу, фэри Тхьэм и псалъэу шэ къабзэм хуэдэхэм фыщӀэхъуэпс, абыхэмкӀэ фыхэхъуэурэ, фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ.


Бегъымбар лъапӀэхэм къыжаӀа псалъэхэри ди Зиусхьэну КъегъэлакӀуэм фи апостолхэм къажригъэӀа унафэри фигу къэвгъэкӀыжыну сыхуейщ.


Мэссихь щыгугъыу, апхуэдэу зэрыхъунури хьэкъыу пхыкӀауэ пэплъэ дэтхэнэми и гур егъэкъабзэ, Мэссихь и гур къабзэу зэрыщытым хуэдэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan