Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Тхьэуэ зи Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну, зи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуезыджам фыхуэфащэу фыпсэуну къывгурыдгъэӀуащ, фыдгъэгушхуащ икӀи дывэлъэӀуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:12
29 Iomraidhean Croise  

Матущэлахъ къалъхуа нэужь, илъэс щищкӀэ Хъанох Тхьэм щыпкъагъэкӀэ хуэпсэуащ икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри.


Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.


Тхьэм игъэува цӀыхухэр и бын хъунуи къыхуриджащ. Къриджахэми щыпкъагъэ яӀэу илъытащ. Езым щыпкъагъэ зиӀэу илъытахэми щӀыхьышхуэ яӀэ ищӀащ.


Тхьэр щыпкъэщ. Езыращ и Къуэу Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным гъусэ фыхуэхъуну фыкъыхуезыджар.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.


Аращи, нывжызоӀэ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэриущийм тету фыпсэу. Фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсым фыдишэхынукъым абы щыгъуэ.


Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.


Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.


Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу,


Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,


Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.


Мэссихь Хьисэ Зиусхьэну фщтащи, ар фи псэм щыщурэ фыпсэу.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.


Апхуэдэу щыхъукӀэ, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм я пащхьэм хабзэм тету фыщыпсэунущ, щыщӀагъэ гуэри фиӀэнукъым.


И бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджа Тхьэр щыпкъэщ, абы а Ӏуэхур игъэзэщӀэнущ.


Ар къыщыхъунур Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэрщ. А махуэм Зиусхьэным и цӀыху лъапӀэхэм абы щӀыхьышхуэ хуащӀынущ, абыкӀи фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа псоми ар яфӀэтелъыджэнущ. Фэри а цӀыхухэм фахэтынущ, ди щыхьэтыгъэр фи фӀэщ хъуащи.


Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


Бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпемыгъуэкӀ, къыфщӀэнакӀэм фыщӀэмынэкӀэж. Абы и пӀэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀыр къыфщрехуэ», яжефӀэ; и бынхэм ящыщ фыхъуну Тхьэм фыкъыщӀыхуриджар абы и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнур фэ ӀыхьэфӀу къыфлъысыну арщ.


НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ.


«Тхьэр си псэм щыщщ» жызыӀэр Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу псэун хуейщ.


Ахэр члисэ зэхуэсым и пащхьэм уи фӀылъагъуныгъэм щыхьэт щытехъуащ. Тхьэм зэрыфӀэзахуэм хуэдэу, я гъуэгумкӀэ абыхэм дэӀэпыкъуэгъу уахуэхъумэ, фӀы пщӀауэ арщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan