1 Фи деж дынызэрыкӀуар пщӀэншэ зэрымыхъуар фощӀэ.
НасыпыфӀэщ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэу Абы и гъуэгум ирикӀуэр.
Хыр гуащӀэу уиӀэмкӀэ зэгуэпчащ, хым хэс псэущхьэ бзаджэхэм я щхьэхэр яхуэпкъутащ.
Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ.
ФымыкӀуэду а хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм фыкърегъэл, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытетмэ. Апхуэдэу щымытмэ, фи фӀэщхъуныгъэр пщӀэнщ хъуащ.
Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.
Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.
Ерусалим сыкӀуэн хуейуэ Тхьэм къызгуригъэӀуати, сыкӀуащ. Хамэ лъэпкъхэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀыр унафэщӀ къуэшхэм я закъуэу я пащхьэм щысӀуэтащ, сэ злэжь икӀи злэжьа Ӏуэхур пщӀэншэ мыхъун щхьэкӀэ.
Фэр щхьэкӀэ согузавэ, сэ гугъу пщӀэнщэу зывдезмыгъэхьауэ пӀэрэ фэ?
ГъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр фи Ӏэм илъу, дуней кӀыфӀым къыхэцӀуукӀ вагъуэхэм хуэдэу а цӀыхухэм факъыхэлыдыкӀынущ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, сызэрыфхуэлэжьар икӀи сызэрыфхуешар пщӀэншэ зэрымыхъуам Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм сригуфӀэнущ.
Тхьэм фӀыщӀэ зэпымыууэ худощӀ. Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэӀэсам, цӀыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атӀэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпӀэкӀи Тхьэм и псалъэщ ахэр. А псалъэхэр фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, фи гум илъщи, ӀуэхуфӀ фи гум щалэжь.
Аращи, нэхъыбэ схуэмыхьыжу, фи фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ Тимофейр фи деж нэзгъэкӀуащ. ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэщӀэну и ужь ит шейтӀаным зыгуэркӀэ фыдихьэхыу, ди Ӏуэхур пщӀэншэ хъуакӀэ сышынат.
Ар къыщыхъунур Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэрщ. А махуэм Зиусхьэным и цӀыху лъапӀэхэм абы щӀыхьышхуэ хуащӀынущ, абыкӀи фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа псоми ар яфӀэтелъыджэнущ. Фэри а цӀыхухэм фахэтынущ, ди щыхьэтыгъэр фи фӀэщ хъуащи.
ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, фи деж зэрыщыхъуам хуэдэу, Зиусхьэным и хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм ялъэӀэсыну икӀи цӀыхухэм а хъыбарыфӀым щӀыхь хуащӀыну Тхьэм фелъэӀу.