Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Ди лъэужьми Зиусхьэным и лъэужьми фрикӀуэу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэм фыхэту щыта пэтми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьа гуфӀэгъуэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр фщтащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1:6
33 Iomraidhean Croise  

Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр кърещти, си ужь къреувэ.


Хьисэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ: – Дунейм и нэхур сэращ. Сэ си ужь къиувэр кӀыфӀыгъэм хэтынукъым, атӀэ гъащӀэм и нэхур игъуэтынущ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гуфӀэгъуэмрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ я гум куэду илъ хъуащ.


Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ.


Апхуэдэурэ, Иудей, Галилей, Самарие хэку псоми щыӀэ члисэ зэхуэсхэм мамырыгъэ яӀэ хъуащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гурэ псэкӀэ нэхъ къару ягъуэтурэ, Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀыр я гум илъурэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэгушхуэурэ, ахэр нэхъыбэ хъуащ.


ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсыну дыщызыгъэгугъ Тхьэм гуфӀэгъуэшхуэрэ гузэгъэгъуэшхуэрэ фигухэм кърырелъхьэ, езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фигухэм гугъэшхуэр из хъун щхьэкӀэ.


Мэссихь и лъэужьым сызэрырикӀуэм хуэдэу, фэри си лъэужьым фрикӀуэ.


ЖысӀа псори фи гум къызэрывгъэкӀыжым щхьэкӀи, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм фызэратетым щхьэкӀи фӀыщӀэ фхузощӀ.


Аращи, сыныволъэӀу, си лъэужьым фрикӀуэ.


дигу хагъэщӀ, ауэ сыт щыгъуи догуфӀэ; дэ дытхьэмыщкӀэщ, ауэ цӀыху куэд бей дощӀ; зыри димыӀэу къащохъу, ауэ псори ди Ӏэ илъщ.


Дазэрыщыгугъа къудейкъым къатар, атӀэ япэщӀыкӀэ Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зралъхьэри, итӀанэ Тхьэр зэрыхуейм тету ди ӀэмыщӀэ зыкъралъхьэжащ.


Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,


Тхьэм фӀыуэ илъагъу быну фызэрыщытым щхьэкӀэ абы и лъэужьым фрикӀуэ.


Си къуэшхэ, си лъэужьым фыкърикӀуэ. Фызэрыпсэун хуейм и щапхъэу фэдгъэлъэгъуам тету псэухэм фадэплъей.


Аращи, цӀыхухэм сыт хуэдиз гугъуехь фагъэшэчми, сыт хуэдиз гузэвэгъуэ фыхэтми, теубыдагъэрэ фӀэщхъуныгъэрэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и члисэ зэущӀэхэм и пащхьэм дыщыфщотхъу.


Фэр-фэру фощӀэ ди лъэужьым фызэрырикӀуэн хуейр. Фи деж дыщыщыӀам, дымылажьэу дыщысакъым.


ЗывэдгъэгъэхьэщӀэну хуитыныгъэ димыӀауэ аракъым дыщӀэлэжьар, атӀэ ди лъэужьым фрикӀуэну щапхъэ дыфхуэхъун щхьэкӀэщ.


Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм егъащӀэ, игъуэу щыщытми щыщымытми ахэр ебгъэщӀэным хэт. ЯгурыгъаӀуэ, егъэдэӀуэ, ущий, шыӀэныгъэ псомкӀи щыпкъагъэр егъащӀэ.


Лъэхъуэщым щӀэсхэм гугъуехь ядэфшэчырт. ЦӀыхухэм фи мылъкур зэрыфтрахар фигуапэу къабыл фщӀащ, абы нэхърэ нэхъ мылъкуфӀу мыкӀуэдыжынур уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэрти.


Аращи, гугъуехь зэмылӀэужьыгъуэхэр зымащӀэкӀэ зэрыфшэчыр иджыпстукӀэ фигу къеуэми, фогуфӀэ.


Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀыуэ фолъагъу. ИджыкӀэ фымылъагъу пэтми, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэщ, псалъэхэм жамыӀэфыну щӀыхьышхуэ зыхэлъ гуфӀэгъуэшхуи фи гум илъщ.


ФӀы щӀэным и ужь фи фӀэщу фитмэ, хэт зэран къыфхуэхъун зылъэкӀынур?


Си тӀасэ, мыхъумыщӀэ зылэжьхэм я лъэужьым уримыкӀуэу, фӀыгъуэ зылэжьхэм я лъэужьым ирикӀуэ. ФӀыгъуэ зылэжьыр Тхьэм и бынщ. МыхъумыщӀэ зылэжьым Тхьэм фӀэщхъуныгъэ хуиӀэкъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan