Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Фэ, Тхьэм фӀыуэ илъагъу ди къуэшхэ, абы и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхихар дощӀэ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1:4
14 Iomraidhean Croise  

Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Хьошеа бегъымбарым и тхылъым иту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу: «Си лъэпкъым щымыща цӀыхухэм „си лъэпкъкӀэ“ седжэнущ; фӀыуэ сымылъэгъуа лъэпкъым „фӀыуэ слъагъу лъэпкъкӀэ“ седжэнущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейр иухуэн и пэ, Мэссихь ди псэм зэрыхэлъым щхьэкӀэ езым и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхихащ, ди гур къабзэу, къуаншагъэ лъэпкъ дбгъэдэмылъу, фӀылъагъуныгъэ ди гум илъу, езым и пащхьэм дыщыпсэун папщӀэ.


Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.


Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.


Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.


Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.


Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, си къуэшхэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар икӀи фыкъызэрыхихар зэрывгъэпэжыным сыт щыгъуи нэхъыбэрэ фыхущӀэкъу. Ар влъэжьмэ, Тхьэм и гъуэгум зэи фытекӀынукъым,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan