Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1:10
46 Iomraidhean Croise  

СымыкӀуэду сыкъебгъэлыну сыпщогугъ, Зиусхьэн!


Мэрием къуэ къыхуэхъунущ икӀи абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ,* абы и лъэпкъым я гуэныхьхэр ящхьэщихынурэ, мыкӀуэду къригъэлынущи.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


Пэжыр нывжызоӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и Тепщэныгъэшхуэр иӀэу къакӀуэу ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.


Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ ящыщ куэд зрагъэумэхъын щхьэкӀэ къэкӀуауэ щилъагъум, Иуан яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?


СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы.


Иуан зезыгъэумэхъыну къежьа цӀыху куэдым яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?


– Фэ, Галилей хэкум щыщ цӀыхухэр, – жаӀащ а лӀитӀым, – мыбдежым фыщыту уафэм щхьэ фыдэплъейрэ? Тхьэм уафэм дришеижа Хьисэ уафэм дэкӀуеижауэ зэрыфлъэгъуам хуэдабзэу къехыжынущ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.


Ауэ Тхьэм ар лӀэныгъэм и гугъуехь шэчыным хишыжри, лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ажалыр абы пэлъэщакъым.


А Хьисэращ Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар икӀи дэ псори а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.


ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.


Тхьэм псори тэмэму зэтригъэувэху, Мэссихь уафэм щыӀэн хуейщ, Тхьэм и бегъымбар лъапӀэхэм я гум кърилъхьэу къазэрыжригъэӀам тету.


фэри Израил лъэпкъми зэрыщыту мыр зэвгъащӀэ: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэм и къарурщ мы цӀыхур зыгъэхъужар, абы и фӀыгъэкӀэщ ар фи пащхьэ зэритыр. Хьисэ фэ жорым ефӀулӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.


Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар Тхьэм зэри-Къуэр лъэщыгъэкӀэ къигъэнэхуащ. Аращ Хьисэ Мэссихьу дэ ди Зиусхьэныр.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


Дэ гуэныхь зэрытщӀам щхьэкӀэ Тхьэм Хьисэ ажалым ӀэщӀилъхьащ, дэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.


Хэт дызыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур? Мэссихь Хьисэ лӀэри, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Иджы Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсщ икӀи Тхьэм дэ тхуолъэӀу.


Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм фыщыпэплъэкӀэ, Тхьэм и бынхэм ярит тыгъэхэм ящыщу фимыӀэ зыри щыӀэкъым.


Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».


Дэ ди хэкур уафэрщ. Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, уафэм къехыу, дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлынум дыпоплъэ.


Аращ пкъыуэ члисэ зэхуэсым и щхьэр. Аращ члисэ зэхуэсыр зэфӀэзыгъэувари, лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжари. Апхуэдэу, сыт и лъэныкъуэкӀи япэр аращ.


Македоние, Ахаие хэкухэм исхэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щапхъэ фахуэхъуащ.


Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр щахуэтӀуатэм, къытпэувыну хэтащ. Апхуэдэу я гуэныхьхэм я бжыгъэр и кӀэм нэс ягъэбагъуэурэ, зэтралъхьэ зэпытщ. Ауэ Тхьэм и губжьыр икӀэм-икӀэжым къатехуащ.


Мэссихь дриапостолщ, тепщэныгъэу фхудиӀэмкӀэ дывдэгъуэгурыкӀуэн тлъэкӀыну щытами, итӀани анэр и сабийхэм фӀыкӀэ зэрадэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу, дэри фӀыкӀэ дывдэгъуэгурыкӀуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и губжь къыттригъэхуэн щхьэкӀэкъым абы и бын дыхъуну дыщӀигъэувар, атӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дымыкӀуэду дыкъригъэгъэлын щхьэкӀэщ.


Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:


Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


ауэ хьэкум шынагъуэу Тхьэм къыттрищӀыхьынумрэ Тхьэм пэувхэр зыхисхьэну мафӀэшхуэмрэ къытпоплъэ.


Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,


Апхуэдэу фыпсэуну Тхьэм фыкъыхуриджащ, Мэссихьи фэр щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикӀуэн папщӀэ, щӀапхъэхэр фигъэлъэгъуащи.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ, лажьэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу икӀи гузэгъэгъуэ фиӀэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит.


ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.


ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan