Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 2:4 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

4 Псоми хуэдэу, Исуфи Гэлилей хэкум хиубыдэ Нэзэрэт къуажэм икӀри, Ехьудей хэкум ит, Даут къыщалъхуа Бэтлъэхъем къуажэм кӀуащ, Исуф езыр Даут къытехъукӀыжахэм ящыщти.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Апхуэдэу щыхъум, Исуф, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм зэращыщым щхьэкӀэ, Галилей хэкум ит Назарет къалэм икӀри, Иудей хэкум ит Даут и къалэ Бэтлэхьэм кӀуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 2:4
24 Iomraidhean Croise  

Арати, зрагъэбжын щхьэкӀэ, щхьэж и къуэпсыр къыщежьэ жылэм кӀуэжащ.


Зригъэбжыну щыкӀуэм, Исуф и къэшэн Мэрям лъэщыджэшхуэ хъуауэ щӀыгъут.


Хьисэ щапӀа Нэзэрэт къэкӀуэжащ. Сыт щыгъуи хуэдэу, Ар тхьэлъэӀупӀэ унэм щӀыхьащ щэбэт махуэм. ТхьэлъэӀупӀэм щӀэсхэм Тхыгъэ ЛъапӀэм къахуеджэну къэтэджащ Хьисэ.


Арати, цӀыхубзитӀым гъуэгуанэ кӀыхьыр зэпачри, Бэтлъэхъем нэблэгъащ. Ахэр къыщалъэгъуам, жылэдэсхэм абыхэм фӀэкӀа Ӏуэху яӀэжтэкъым. ЦӀыхубзхэм ягъэщӀагъуэрт: «Ана, мор НэӀумий?» – жаӀэурэ.


Езы БоӀэзи, Бэтлъэхъем къикӀри, абы ирихьэлӀэу и лэжьакӀуэхэм къахыхьащ. «Зиусхьэным къывдигъэпсынщӀэ!» – сэлам ярихащ абыхэм. «Зиусхьэным и нэфӀ къыпщыхуэ!» – къратыжащ жэуап.


Лъэпкъым и нэхъыжьхэми абдежым щызэхуэса псоми «дрищыхьэтщ» жаӀащ, икӀи БоӀэз къехъуэхъуащ мы псалъэхэмкӀэ: «Уи унэ къихьэ цӀыхубз цӀыкӀур ИсрэӀил и унагъуэр зыгъэбэгъуа Рэхъелэрэ ЛеӀэрэ хуэдэу, Зиусхьэным быныфӀэ ищӀ! Ефрафэ и деж къулей ущыхъуи, Бэтлъэхъем уи цӀэр щрагъэлъапӀэ!


Гъунэгъу фызхэм «НэӀумий къуэ къыхуалъхуащ» жаӀэрт. Абы цӀэуэ Ӏубэд фӀащащ. Ар Даут и адэ Исий и адэжырщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan