3 Хьисэ щӀагъыбзэ къригъэжьащ абы щыгъуэ:
3 Хьисэ мы ущие хъыбарыр абыхэм яжриӀащ абы щыгъуэ:
Фарисейхэмрэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ ар яфӀэмыфӀу, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мыбы гуэныхьлыхэр зрегъэгъусэ, абыхэм ядошхэ.
– Фэ фщыщ гуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. АтӀэ а мэлхэм щыщ зы абы фӀэкӀуэдмэ, ежьэу мэл кӀуэдар къигъуэтыжыху къилъыхъуэнукъэ, мэл бгъущӀрэ бгъур губгъуэм къринэу?