Тхьэм и Псэр Иляс бегъымбарым и гум илъу зэрыщытам хуэдэу, абыи и гум илъу икӀи Иляс иӀа лъэкӀыныгъэр иӀэу Зиусхьэным ипэ къихуэу цӀыхухэм къахыхьэнущ ар. Адэхэмрэ бынхэмрэ зэфӀ ищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэр цӀыху щыпкъэхэм я гъуэгум тришэнущ, израил лъэпкъыр Зиусхьэным и къэкӀуэгъуэм хуигъэхьэзырынущ.