16 Я Тхьэу Зиусхьэным и гъуэгум израил лъэпкъым щыщу куэд тришэжынущ.
16 Израил цӀыху куэд Зиусхьэну я Тхьэм и гъуэгу къытригъэхьэжынущ.
Ӏущхэр дыгъэ бзийм хуэдэу къызэщӀэлыдэнущ, захуагъэм цӀыху куэд хуэзыгъэсахэм игъащӀэ псокӀи, вагъуэхэм хуэдэу, нурыр къащхьэщихынущ!
Ауэ уэ, си щӀалэ, Я Нэхъ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгур хуэбгъэхьэзырыну, Абы япэ уиту цӀыхухэм уахыхьэнущи.
Яхья Иордан псым и Ӏэшэлъашэхэр къызэхикӀухьурэ, цӀыхухэм я гуэныхьыр Тхьэм къахуигъэгъун папщӀэ, тобэ къахьыжу зрагъэумэхъын зэрыхуейр яжриӀэрт.