Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 99 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


99-нэ Уэрэд Зиусхьэным дыкъигъэщӀащ, Абы дрейщ
ЩӀыхь къурмэным папщӀэ уэрэд

1 Зиусхьэным гуфӀэгъуэ макъыр хуэфӀэт, зэрыщӀыгуу!

2 ГуфӀэгъуэкӀэ фыхуэлажьэ Зиусхьэным; уэрэд жыфӀэурэ фихьэ Абы и пащхьэ!

3 Зиусхьэныр Тхьэуэ зэрыщытыр зыгурывгъаӀуэ: Аращ дыкъэзыгъэщӀар, Абы дрейщ, дрицӀыху лъэпкъщ, и мэл хъушэм дыщыщщ.

4 Арэзыныгъэ фигу илъу, Абы и къалэбжэм, и пщӀантӀэхэм, щӀыхь хуэфщӀурэ, фыдыхьэ. ЩӀыхь хуэфщӀ Абы, Абы и цӀэр фӀэт!

5 Сыту жыпӀэмэ фӀыщ Зиусхьэныр: игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр, и щыпкъагъэр ялъэӀэсынщ щӀэблэ псоми.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan