Уэрэд 98 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр98-нэ Уэрэд Тхьэуэ Пащтыхьхэм Я Щхьэр 1 Зиусхьэным тепщэныгъэр иӀыгъщи, цӀыху лъэпкъхэр ирегулэз! мелыӀычхэм ящхьэкӀэ и тахътэ Ар тесщи, щӀыгур иретхытх! 2 Зиусхьэныр Цион щыинщ, цӀыху лъэпкъ псоми Ар лъагэу къащхьэщытщ. 3 Уи цӀэ ин дыдэу шынагъуэм щӀыхь хурещӀ! ЛъапӀэ дыдэщ Ар. 4 ЛъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Пащтыхьу тэрэзыныгъэр зи щӀасэ, Уэ захуагъэр бгъэпсащ: Захуагъэмрэ щыпкъагъэмрэ Израилым щыбгъэуващ. 5 ВгъэлъапӀэ Зиусхьэныр, ди Тхьэр, щхьэщэ щыфщӀ и тахътэм и пащхьэ: ЛъапӀэщ Ар! 6 Мусэрэ Хьэрунрэ и дин пашэхэм ящыщащ, Самуили – елъэӀуахэм. МакъышхуэкӀэ елъэӀуащ Зиусхьэным, Ахэр зэхихащ Абы. 7 Пшэ гуэрэным хэту, Ар къепсэлъащ абыхэм; Абы и псалъэ гъуазэхэри щӀапхъэу игъэувахэри ягъэзэщӀащ абыхэм. 8 Зиусхьэну ди Тхьэ! Уэ зэхэпхащ абыхэм я лъэӀу: яхуэзыгъэгъу Тхьэуэ ураӀащ Уэ, итӀани я бзаджэщӀагъэхэмкӀэ бгъэпшынэжащ. 9 Зиусхьэну ди Тхьэм и щӀыхьыр фӀэт, Абы щхьэщэ щыхуэфщӀ и бгы лъапӀэм – лъапӀэщ Зиусхьэну ди Тхьэр! |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden