Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 97 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


97-нэ Уэрэд Тхьэм дунейм тепщэныгъэ хуиӀэщ

1 ХужыфӀэ Зиусхьэным уэрэдыщӀэ; гъэщӀэгъуэныщэщ Абы и ӀэщӀагъэхэр. И Ӏэ ижьымрэ и лъэкӀыныгъэ лъапӀэмрэ текӀуэныгъэр Абы къыхудахащ.

2 ТекӀуэныгъэр къызэрихьар Зиусхьэным къигъэлъэгъуащ, и бйихэр зэригъэпшынэжар цӀыху лъэпкъхэм наӀуэ ящищӀащ.

3 МыкӀуэдыж лъагъуныгъэу, щыпкъагъэу израил лъэпкъым хуиӀар Абы игу илъ зэпытщ. Ди Тхьэм текӀуэныгъэр къызэрихьар щӀыгу псоми я гъунапкъэхэм ялъэгъуащ.

4 ГуфӀэ макъыр хуэфӀэт Зиусхьэным, зэрыщӀыгуу; гуфӀэгъуэ уэрэди щӀыхь уэрэди хужыфӀэ.

5 ПшынэдыкъуакъуэкӀэ щӀыхь уэрэд хуэвгъэӀу Зиусхьэным, пшынэдыкъуакъуэмрэ уэрэд макъымрэ щӀыгъуу.

6 Сыринэм, бжьамийм я макъыр щӀыгъуу, пащтыхьу Зиусхьэным гуфӀэ макъ хуэфӀэт.

7 Хыми абы хэс псоми, Дунеишхуэми абы тет псоми макъышхуэ япреӀукӀ;

8 псыхэр Ӏэгу хуреуэ; гуфӀэгъуэшхуэм хэту бгыхэм уэрэд жрыраӀэ

9 Зиусхьэным и пащхьэм; сыту жыпӀэмэ ар къокӀуэ щӀыгум хьэкум трищӀыхьыну. Дунеишхуэм хьэкум трищӀыхьынщ Абы щыпкъагъэкӀэ, захуагъэкӀэ зэхихунщ цӀыху лъэпкъхэм я Ӏуэхухэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan