Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 96 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


96-нэ Уэрэд Тепщэныгъэр зиӀэ Тхьэр

1 Тепщэныгъэр иӀыгъщ Зиусхьэным: ирегуфӀэ щӀыр; иренэщхъыфӀэ щӀылъэм и гъунэхэр.

2 Яхэтщ Ар пшагъуэмрэ кӀыфӀ зэфэзэщымрэ; щыпкъагъэмрэ захуагъэмрэ тетщ Абы и тахътэр.

3 И мафӀэр егъакӀуэ Абы, Езым и пэ иту, и бийхэр щегъэс дэнэкӀи.

4 Абы и хъуэпскӀым зэщӀегъэнахуэ дунеишхуэр; ар елъагъури, мэтхытх щӀыгур.

5 Шэхум хуэдэу, бгыхэр щоткӀу Зиусхьэным и пащхьэм, щӀыгу псом и Зиусхьэным и пащхьэм.

6 Абы и щыпкъагъэ яӀуатэ уафэгум, цӀыху лъэпкъ псоми ялъагъу Абы щӀыхьу бгъэдэлъыр.

7 Тхьэ нэпцӀ сурэтхэм хуэлажьэу, пщӀэ зимыӀэ тхьэ нэпцӀхэмкӀэ зыщытхъужхэм я напэр текӀащ. Абы и пащхьэм щхьэщэ щащӀ тхьэ псоми.

8 Цион къалэм зэхихащи, мэгуфӀэ, Уэ пщӀы хьэкумхэм щхьэкӀэ Иудэ и пхъухэр мэгуфӀэ, Зиусхьэн.

9 Сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн, зэрыщӀыгуу Уэ уолъэгэкӀ, Тхьэ псоми ящхьэкӀэ ущыӀэщ.

10 Зиусхьэным фӀыуэ елъагъу ер зи жагъуэхэр! Езым и цӀыху лъапӀэхэм я псэр Абы къехъумэ, гуэныхь зылэжьхэм къыӀэщӀехыж.

11 Нэхунэр къыхукъуокӀ щыпкъагъэ зиӀэм, зигу щыпкъагъэ илъхэм – гуфӀэгъуэр.

12 Щыпкъагъэ зиӀэхэ, Зиусхьэным и цӀэкӀэ фыгуфӀэ, Абы и цӀэ лъапӀэм и щытхъур фӀуатэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan