Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 94 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


94-нэ Уэрэд ДыкъэзыгъэщӀар дывгъэгъэлъапӀэ

1 ФынакӀуэ, ди Зиусхьэным щӀыхь уэрэд хужыдвгъэӀэ, ди хъумакӀуэу ди къегъэлакӀуэм гуфӀэгъуэ макъ хуэдвгъэӀэт.

2 ЩӀыхь хуэтщӀурэ, дивгъэхьэ Абы и пащхьэм, щӀыхь уэрэд жытӀэурэ, гуфӀэгъуэ макъ хуэдвгъэӀэт.

3 Сыту жыпӀэмэ Тхьэ ин дыдэщ Зиусхьэныр, тхьэ псоми Пащтыхьышхуэу ящхьэщ.

4 ЩӀым и кууупӀэхэр Абы и Ӏэм илъщ, бгы щыгухэри и Ӏэрылъхьэщ Абы.

5 Абы ейщ хыри, ар Абы къигъэщӀащ, ягъэпсащ и ӀитӀым щӀыгур.

6 ФынакӀуэ, щхьэщэ хуэдвгъэщӀ, Тхьэуэу дыкъэзыгъэщӀам и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу дивгъэтӀысхьэ.

7 Сыту жыпӀэмэ аращ дэ ди Тхьэр, Абы и мэл хъушэм дыщыщщ, Абы и Ӏэм зэришэ мэлхэр дэращ. Ей, Абы и макъ нобэ фэ федгъэӀуатэмэ:

8 «Гурымыкъыу фыщымыт, фи адэжьхэм Мэрыбэ деж, Массэ губгъуэ нэщӀым деж зэрыщащӀэгъам хуэдэу.

9 Си шыӀэныгъэ здынэсри Сэ сызыхуэдэри ягъэунэхуащ фи адэжьхэм, си ӀэщӀагъэ зыхуэдэр ялъэгъуарэ пэт.

10 Сэ мы лъэпкъым илъэс плӀыщӀкӀэ сагъэгубжьащ, арати жысӀащ: „Мыхэр ягукӀэ гъуэща цӀыху лъэпкъщ; ахэр щыгъуазэкъым си гъуэгум“.

11 Абы папщӀэ губжьым сыхэту, псалъэ быдэ стащ: „ахэр си гупсэхупӀэ измыгъэхьэну“».

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan