Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 93 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


93-нэ Уэрэд Тхьэм и захуагъэр

1 Уэ, Зиусхьэну цӀыхур зыгъэпшынэжым, Уэ, Тхьэуэ цӀыхум и гъэпшынакӀуэм, уи губжь къэгъэлъагъуэ!

2 Дыкъэлъагъу, щӀым и хеящӀэ, зыкъызыфӀэщӀыжхэм яхуэфащэр ярегъуэт.

3 Сыт хуэдизрэ, Зиусхьэн, цӀыху бзаджэхэр, сыт хуэдизрэ цӀыху бзаджэхэр я бзаджагъэ щыгуфӀыкӀыну?

4 Псалъэ пагэхэр къажьэдокӀ; бзаджащӀэ псоми зафӀэлъэщщ.

5 Уи цӀыху лъэпкъыр, ягъэщӀэ Зиусхьэн, Уэ уи уней цӀыхухэр егъэзыгъэ ящӀ.

6 Фызабэр, хэхэсыр яукӀ, ибэми и псэр хах.

7 ИтӀанэ жаӀэ: «Зиусхьэным илъагъуркъым Екъуб и Тхьэм гу лъитэркъым».

8 Акъыл къызыхуэвгъуэтыж, гулъытэ зимыӀэ цӀыхухэ! Сыт щыгъуэ Ӏущ фыхъуну, ахьмакъхэ?

9 ТхьэкӀумэ къозытам зэхимыхыу хъун? Нэр зыгъэпсам имылъагъуну хъурэ?

10 ЦӀыху лъэпкъхэр зыгъэдаӀуэм ахэр имыгъэпшынэу хъурэ? ЦӀыхухэр зыгъасэм зэхэщӀыкӀ имыӀэу хъурэ?

11 Зиусхьэным ещӀэ цӀыхум и гупсысэхэр Ӏугъуэ кӀуэдыжым зэрыхуэдэр.

12 Гъуэгу махуэ теуващ Уэ бгъэдаӀуэ цӀыхур, Зиусхьэн, уи хабзэкӀэ бгъасэр,

13 махуэ къинхэм гупсэхугъуэ ептыну – цӀыху бзаджэм мащэр хуатӀыху!

14 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и цӀыхухэр я закъуэу къигъэнэнукъым, Езым ейхэр ӀэщӀыб ищӀынкъым.

15 Сыту жыпӀэмэ хьэкумым щыпкъагъэм къыхуигъэзэжынщ, зигу щыпкъагъэ илъ псори абы гуэувэнщ.

16 Хэт цӀыху Ӏейхэм сэр щхьэкӀэ япэувыр? Сэр щхьэкӀэ хэт бзаджащӀэхэм япэрыуэнур?

17 Сэ дэӀэпыкъуэгъуу сиӀэр Зиусхьэныр армыратэмэ, хьэдрыхэ макъыншэм си псэр кӀуэжынт щӀэх дыдэ.

18 «Си лъэр щӀощӀэ» щыжысӀэм, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр, Зиусхьэн, сэ щӀэгъэкъуэн къысхуэхъуащ.

19 Си гукъеуэхэр си гум щыбагъуэ щыхъукӀэ, гупсэхугъуэу къызэптым си гур хегъахъуэ.

20 ХьэкумыщӀэ хьилэхэр гъусэ пщӀы хъун, хабзэр зыкъутэхэр?

21 Тхьэм хуэщыпкъэм ахэр гупышхуэу тобанэ, лажьэ зимыӀэм лӀэныгъэр тралъхьэ.

22 Ауэ Зиусхьэныр – си быдапӀэщ, си Тхьэр – си хъумапӀэщ, си щхьэегъэзыпӀэщ.

23 Ахэр ӀуигъэщӀэжынщ я бзаджащӀагъэм, лъапсэкӀуэд ищӀынщ я бзаджагъэм папщӀэ, игъэкӀуэдынщ Зиусхьэну ди Тхьэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan