Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 92 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


92-нэ Уэрэд
Тхьэу ди пащтыхьыр

1 Зиусхьэным тепщэныгъэр иӀыгъщ; тепщэныгъэшхуэр и фащэщ Зиусхьэным, лъэкӀыныгъэ иныр и Ӏэрылъщ, дунеишхуэр быдэу игъэуващ, ар и щӀыпӀэ зыми иригъэкӀынкъым.

2 Уи тахътэ игъащӀэкӀэ щытыну бгъэуващ Уэ, ууахътыншэщ.

3 Я макъым заӀэт, Зиусхьэн, псыхэм я макъым заӀэт, псыхэм я уалъэ макъым заӀэт.

4 Ауэ псыбэм я къибыргъукӀ макъ нэхъри, толъкъунхэм я макъ нэхъри, Зиусхьэныр лъагапӀэм щынэхъ лъэщщ.

5 Уи псалъэ гъуазэхэр шэчыншэу тэрэзщ, Уи унэр, Зиусхьэн, игъащӀэм зыгъэщӀэращӀэр фӀыгъэ – къабзагъэр арщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan