Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 91 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


91-нэ Уэрэд ЩӀыхь уэрэд. Щыпкъагъэм и ӀыхьэфӀ

1 Щэбэт махуэм жаӀэ уэрэд

2 Зиусхьэным щӀыхь хуэтщӀыныр, Уэ, Псоми Я Нэхъ Лъагэм, уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужытӀэныр фӀыщ;

3 мыкӀуэдыж уи лъагъуныгъэр пщэдджыжькӀэрэ тӀуэтэныр, жэщкӀэрэ – уи щыпкъагъэ,

4 бзэпсипщӀ зэрылъ пшынэмкӀэ, пшынэдыкъуакъуэмкӀэ, бзэпсыбэ зэрылъ пшынэмкӀэ уэрэд дэжытӀэурэ.

5 Сыту жыпӀэмэ Уэ, Зиусхьэн, уи ӀэщӀагъэкӀэ къызэптащ гукъыдэж; уи Ӏэхэм ягъахъэм гуфӀэгъуэ уэрэд жызагъэӀэ.

6 Уи ӀэщӀагъэхэр сыту ин дыдэ, Зиусхьэн! гъэщӀэгъуэну зэрыкуу Уэ уи гупсысэхэр!

7 ЦӀыху гукъэкӀыншэм ищӀэнкъым, зи гулъытэ мащӀэми ар къыгурыӀуэнкъым.

8 ЦӀыху ябгэр, удзым хуэдэу багъуэми, бзаджащӀэ псоми я Ӏуэху къадэхъуми, игъащӀэкӀэ кӀуэдыжынущ ахэр.

9 Уэ игъащӀэкӀэ, Зиусхьэн, Псоми Уранэхъ Лъагэщ!

10 Сыту жыпӀэмэ уи бийхэр, Зиусхьэн, уи бийхэр кӀуэдыжынщ, хьэкъщ, бзаджагъэкӀэ зекӀуэ псори зэбграхужынщ;

11 домбейм иӀэ гуащӀэм хуэдэ къызэптащ, уи дагъэ лъапӀэр къысщыпхуэри, си лъэкӀыныгъэм хэбгъэхъуащ.

12 Си бийхэм уатекӀуэу си нэхэм ялъэгъуащ, бзаджащӀэу зыкъыспэзыӀэтхэми я гукӀуэд макъхэр си тхьэкӀумэхэмкӀэ зэхэсхащ.

13 Щыпкъагъэ зиӀэм пальмэ жыгым хуэдэу зыкъызэӀуех, Ливаным къыщыкӀ ашэ хуэдэуи зыкъеӀэт.

14 Зиусхьэн унэшхуэм щыхаса жыгхэм хуэдэу, ди Тхьэм и унэшхуэ пщӀантӀэм къыщощхьэлъэ.

15 Жьы хъуми, абыхэм фӀыр къапокӀэ, псыр ящӀэзщ, къэкӀагъащӀэм хуэдэщ,

16 Зиусхьэну сэ си хъумакӀуэр зэрызахуэр, щыпкъагъэншагъи Абы зэрыхэмылъыр къагъэлъэгъуэну.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan