Уэрэд 9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр9-нэ Уэрэд Тхьэм и захуагъэм и щӀыхь 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «Мут-лабен» уэрэдым и макъамэр щӀэту. Даут и уэрэд 2 Уи щӀыхьыр сӀуэтэнущ, Зиусхьэн, гууэ сиӀэмкӀэ; уи ӀэщӀагъэ гъэщӀэгъуэнхэр псори сӀуэтэнущ; 3 сыгуфӀэнущ, уи хьэтыркӀэ гукъыдэж сиӀэнущ, Уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужысӀэнущ, Уэращ псоми я нэхъ Лъагэр. 4 УкъыщылъагъуэкӀэ йокӀуэт си бийхэр, я лъэр зэронэ, мэкӀуэдхэ. 5 Сыту жыпӀэмэ си Ӏуэхум хьэкум тепщӀыхьри, сызэрыхейр ӀупщӀ пщӀащ. Уэ тахътэм укъытетӀысхьащ – хьэкумыщӀ захуэр. 6 Хамэ лъэпкъхэр бгъэкъуэншащ, бгъэкӀуэдащ цӀыху бзаджэхэр, я цӀэхэр лӀэщӀыгъуэхэм игъащӀэкӀэ хэбгъэкъэбзыкӀащ. 7 ЛъапсэкӀуэдыр къахуэбгъэкӀуащ бийхэм, я къалэхэр зэхэпкъутащ; зыми ягу къэмыкӀыжу кӀуэдащ. 8 Ауэ Зиусхьэныр и тахътэм тесынщ игъащӀэкӀэ; хьэкум ищӀэну и тахътэр къигъэуващ Абы. 9 Дунеишхуэм хьэкумыр щыпкъагъэкӀэ трещӀыхь Абы, захуагъэ хэлъу цӀыху лъэпкъхэм я Ӏуэхухэр зэхеху. 10 Зиусхьэныр быдапӀэ яхуохъу яужьыгуахэм, махуаем Ар я хъумапӀэщ. 11 Уи цӀэ зыщӀэхэр къыпщогугъ, сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн, Уэ зыкъыпхуэзыгъазэхэр утыкум къибнэнкъым. 12 Цион Ӏуащхьэм тес Зиусхьэным и щӀыхь фӀуатэ, Абы и ӀуэхущӀафэхэм я хъыбар цӀыху лъэпкъхэм ялъэвгъэӀэс! 13 Сыту жыпӀэмэ лъы зыгъажэр егъэпшынэ. Гу лъетэ, зэхех хэутэн ящӀахэм я гукъеуэ макъ. 14 ГущӀэгъу къысхуэщӀ, Зиусхьэн; сызылъагъу мыхъухэм къину сагъэшэчым къеплъ Уэ, лӀэныгъэм и куэбжэм сыкъызыӀушыжыр, 15 Цион къалэм и куэбжэм уи щӀыхь псори щысӀуэтэну, сымыкӀуэду сыкъызэребгъэламкӀи сыгуфӀэну. 16 Езыхэм ятӀа мащэм хамэ лъэпкъхэр ихуэжащ; щэхуу ягъэува хъым я лъакъуэхэр илъэхъэжащ. 17 Хьэкуму ятрищӀыхьамкӀэ Зиусхьэным Езыр зыхуэдэр яригъэщӀащ; цӀыху бзаджэр езым и ӀитӀкӀэ илэжьам текӀуэдэжащ. 18 ЦӀыху бзаджэ псори хьэдрыхэ кӀуэнущ – Тхьэр зыщыгъупщэ лъэпкъ псори. 19 Сыту жыпӀэмэ дэхуэхар Тхьэм зэи щыгъупщэнукъым, тхьэмыщкӀэхэм я гугъэр кӀуэдынукъым. 20 ЗыкъэӀэт, Зиусхьэн, тепщэныгъэр цӀыхум иремыубыд, хамэ лъэпкъхэр уи хьэкум тахътэм и пащхьэм иреувэ. 21 Шынагъэр ягу игъэлъ, Зиусхьэн; зэрыцӀыху къудейр ирещӀэж лъэпкъхэм. 22 Сыт щхьэкӀэ, Зиусхьэн, утпэжыжьэу ущыт? Махуаем сыт щхьэкӀэ тпэӀэщӀэ зыпщӀрэ? 23 ЦӀыху бзаджэр пагагъэкӀэ тхьэмыщкӀэм йогуауэ: езыхэм къагупсыс хьилагъэм ахэр ӀэщӀрехуэж. 24 Сыту жыпӀэмэ цӀыху бзаджэм игукӀэ зыщӀэхъуэпсыр щӀыхьу зыхуелъагъуж; мылъкум щӀэхъуэпсым Зиусхьэныр еуб, нэмыплъ ирет. 25 ЦӀыху бзаджэм зыкъыфӀощӀыжри, Тхьэм зыхуигъазэркъым, «Тхьэ щыӀэкъым» игукӀэ жиӀэ зэпытщ. 26 Сыт хуэдэ зэмани зэӀухащ абы и гъуэгур, Уи хьэкум лъагэм абы и нэплъэгъу нэсыркъым, и бий псоми щӀонакӀэ ар. 27 Абы игукӀэ жеӀэ: «Сылъэпэрэпэнкъым игъащӀэкӀэ; щӀэблэхэм я деж мыхъун къыщызэхъулӀэнкъым игъащӀэкӀэ». 28 Абы и жьэр щызэтрихкӀэ, цӀыхухэр еуб, пцӀы яхуеупс, йобг. И бзэгу щӀагъым мыгъуагъи бзаджагъи щӀэлъщ. 29 Жылэхэм защегъэпщкӀури, япотӀыс цӀыхухэм; тӀасхъапӀэ щӀыпӀэхэм лажьэ зимыӀэр щеукӀ; цӀыху насыпыншэм йоплъакӀуэ; 30 аслъэным хуэдэу зиудыгъуауэ, тхьэмыщкӀэм епхъуэну потӀыс; тхьэмыщкӀэр еубыдри и хъым ирегъахуэ. 31 Зеухуэ, ятобанэ – тхьэмыщкӀэхэр ӀэщӀохуэ и лъэбжьанэ лъэщым. 32 ИгукӀэ жеӀэ: «Тхьэм щыгъупщащ, и нэхэр иуфӀыцӀащ, игъащӀэкӀэ илъагъунукъым». 33 Сыкъэлъагъу, Зиусхьэн, си Тхьэ, уи Ӏэхэр ятешие, хэутэн ящӀахэр зыщумыгъэгъупщэ. 34 Сыт цӀыху бзаджэм и щӀыб Тхьэм щӀыхуигъазэр, игукӀэ жиӀэурэ: «Уэ сыбгъэпшынэнкъым»? 35 Уэ уолъагъу, уакӀэлъоплъ къыттехьэлъэми къыдэгуауэми, ахэр уи Ӏэ къибгъэхьэну; цӀыху насыпыншэм уи ӀэмыщӀэ зыкърелъхьэ; ибэм уэ щӀэгъэкъуэну уриӀэ зэпытщ. 36 ЦӀыху бзаджэмрэ щӀэпхъэджащӀэмрэ зэтекъути, гъэпшынэ ахэр – нэмыщӀ мыхъумыщӀэ ямыщӀэжыным нэсыху. 37 Зиусхьэныр щӀэблэхэм игъащӀэкӀэ пащтыхьынущ. Абы и щыгум хамэ лъэпкъхэр текӀуэдыкӀынущ. 38 Зиусхьэн! Хэутэн ящӀахэм яфӀэигъуэр Ӏумпэм пщӀыркъым, абыхэм ягухэр бгъэбыдэнущ; уи тхьэкӀумэ яхуэбгъэзэнущ, 39 ибэмрэ хэутэн ящӀахэмрэ я хьэкъ ебгъэгъуэтыжыну, лӀэн хуей цӀыхум адрей цӀыхухэр залымыгъэкӀэ имыгъэшынэжыну. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden