Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 89 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


89-нэ Уэрэд

1 Тхьэм и цӀыху Мусэ и тхьэлъэӀу

2 Зиусхьэн! ЩӀэблэ псоми хъумапӀэу диӀэр Уэращ.

3 Бгыхэр къэхъун я пэкӀи щӀыр, дунейр къыщыбгъэщӀми, лӀэщӀыгъуэхэм къащегъэжьауэ лӀэщӀыгъухэм нэсыжу Уэ у-Тхьэщ.

4 Сабэ хъужыну, ибогъэгъэзэж Уэ цӀыхум, яжыбоӀэ: «Вгъэзэж, цӀыхухэм я къуэхэм!»

5 Сыту жыпӀэмэ илъэс минхэр УэркӀэ дыгъуасэ блэкӀа махуэми, жэщым хэт къэрэгъулми хуэдэщ.

6 Псыдзэм ихьхэм хуэдэу, цӀыхухэр Уэ блыбох; пщӀыхьым хуэдэщ ахэр, пщэдджыжьым къыхэжу, пщэдджыжьым къэгъагъэу, щхъуантӀэ хъурэ, пщыхьэщхьэм гъуэнлэж, лъэлъэж удзым хуэдэщ.

7 Сыту жыпӀэмэ дэ уи губжьым дегъэкӀуэд, уи губжь лъэщым дегъэшынэ.

8 Ди бзаджагъэхэр уи пащхьэ иплъхьащ Уэ, щэхуу длэжьа гуэныхьхэри щыболъагъу уи нэгум и нэхунэм.

9 Дэ ди махуэхэр псори уи губжь хэту кӀуащ; хэщэтыкӀ макъым хуэдэу ди илъэсхэр псынщӀэу блэкӀащ.

10 Дэ къэдгъащӀэ илъэсхэм я махуэхэр илъэс хыщӀрэ пщӀырэщ, нэхъ лъэрызехьэхэм – илъэс пщӀей; я нэхъ бжьыгъуэфӀыр зэшымрэ гугъехьымрэ яӀэрохьэ, сыту жыпӀэмэ псынщӀэу макӀуэри, дэри дадобзэхыж.

11 Хэт уи губжьым и лъэщыгъуэр зыщӀэр, Уэри уи губжьым къыщышынэр хэт?

12 Дигухэр Ӏущ хъуну, ди махуэхэм бжыгъэ зэраӀэм дегъасэ.

13 Зыкъытхуэгъазэ, Зиусхьэн! Сыт хуэдизрэ дызэбгъэжьэну? ГущӀэгъу хуэщӀ уи ӀурыщӀэхэм.

14 МыкӀуэдыж уи лъагъуныгъэр ди гущӀэм нэсу пщэдджыжьым къытлъэгъэӀэс, къэдгъащӀэ махуэ псоми я кӀуэцӀкӀэ дыгуфӀэну, гукъыдэж диӀэну.

15 Гугъуехь дыщыхэбгъэхуа махуэхэм пэкӀуэу гукъыдэж къыдэтыж – тхьэмыщкӀагъэ щытлъэгъуа илъэсхэм папщӀэ.

16 Уи Ӏуэху пщӀар дэ, уи ӀурыщӀэхэм, къытхурещыпкъэ, дэ къыттехъукӀынухэми уи щӀыхьыр ирелъагъу.

17 Зиусхьэну ди Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр ди щхьэщыгу ирырет, ди Ӏэхэм ялэжь Ӏуэхухэр къыддрехъу.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan