Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 88 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


88-нэ Уэрэд Лъэпкъыр гугъуехь щыхэтым деж жаӀэ уэрэд

1 Эзрак и къуэ Этан иуса уэрэд

2 Уи фӀыщӀагъэхэр, Зиусхьэн, игъащӀэкӀэ сӀуэтэнщ уэрэдкӀэ, къэкӀуэну щӀэблэ псоми яхуэсӀуэтэнщ щыпкъагъэу зепхьэр.

3 Сыту жыпӀэмэ сощӀэ: уи лӀагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ щыӀэну гъэпсащ, щыпкъагъэу пхэлъыр уафэгум Уэ быдэу щыбгъэуващ.

4 Уэ жыпӀащ: «Сэ къыхэсхам зэгурыӀуэныгъэ дэсщӀащ, си ӀурыщӀэ Даут псалъэ быдэ естащ.

5 КъыпщӀэхъуэнухэр игъащӀэкӀэ пащтыхьынхэу Сэ згъэувынщ, уи тетыгъуэр къэкӀуэну щӀэблэхэм ящымыкӀуэдыну згъэпсынщ».

6 Уэ блэжь Ӏуэху телъыджэхэм я щӀыхьыр щреӀуатэ уафэгухэм, Зиусхьэн, мелыӀычхэм я зэӀущӀэми щреӀуатэ Уэ щыпкъагъэу пхэлъыр.

7 Сыту жыпӀэмэ уафэгум щыӀэу хэт къыуагъэпщэн Уэ? Уафэм щыӀэхэм ящыщу, хэт Зиусхьэным хуэдэр?

8 Куэд дыдэ хъууэ уафэм щыӀэхэм я зэӀущӀэм Тхьэм шынагъуэшхуэ щыхуащӀ, зыхэт псомкӀи Ар шынагъуэшхуэщ.

9 Зиусхьэн, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ ди Тхьэ! Хэт Уэ пхуэдэу гуащӀащафӀэр, Зиусхьэн? Щыпкъагъэр Уэ къощӀэкӀащ лъэныкъуэ псомкӀи.

10 Хым и губжь лъэщыр уи Ӏэ илъщ; абы и толъкунхэм зыкъыщаӀэткӀэ, Уэ уогъэӀэсэж ахэр.

11 ХьэкӀэкхъуэкӀэжьу Рахьаб Уэ букӀащ, бгъэлъахъшэри. Уи бийхэр Ӏэ быдэкӀэ зэтепкъутащ.

12 Уафэгухэр ууейщ Уэ, щӀыгури ууейщ, дунеишхуэри абы щыӀэ псори Уэращ зыгъэувар.

13 Ищхъэрэри ипщэри Уэращ къэзыгъэщӀар; Табори Хьэрмони уи цӀэм и щӀыхьыр я гуапэу щаӀуатэ.

14 Быдэщ Уэ уи лыпцӀэ, уи Ӏэм гуащӀэшхуэ хэлъщ, лъагэщ уи Ӏэ ижьыр!

15 Щыпкъагъэмрэ захуагъэмрэ уи тахътэм и лъапсэщ; уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ лӀыкӀуэу итщ уи япэ.

16 Гъуэгу махуэ теуващ щӀыхь уэрэдкӀэ Уэ узыгъэлъапӀэ цӀыху лъэпкъыр, уи нэфӀым и нэхунэм щыпсэухэр, Зиусхьэн!

17 Уи цӀэм ирогуфӀэ ахэр махуэ псом, Уэ щыпкъагъэу пхэлъыр ягъэлъапӀэ,

18 сыту жыпӀэмэ абыхэм я щӀыхьи я гуащӀи къыздикӀыр уи дежщ. УкъызэрытхуэфӀым и фӀыгъэкӀэ ди гуащӀэм къыхохъуэ.

19 Уэ, Зиусхьэн, къытхухэпхащ ди хъумакӀуэр, Уэ, Израилым и Тхьэ лъапӀэ, къыдэптащ ди пащтыхьыр.

20 Уэ къыпхуэщыпкъэу уи ӀурыщӀэм зэгуэр укъыхуэлъагъуэри, жепӀэгъащ: «ЛӀыгъэ зыхэлъым Сэ щхьэрыстӀэгъащ пащтыхь тажыр, лъэпкъым Сэ къыхэсхар лъагэу сӀэтащ.

21 Си ӀурыщӀэ Даут пащтыхь сщӀащ, си дагъэ лъапӀэр щысхуащ Сэ абы.

22 Си Ӏэпщэр абы и гъусэнщ, си Ӏэм ар быдэ ищӀынщ.

23 Бийр абы къыпэлъэщынкъым, бзаджагъэкӀэ зекӀуэ цӀыхуми ар егъэзыгъэ хуэщӀынкъым.

24 Абы и пащхьэм щызэхэзгъэтэкъуэнщ и бийхэр, сеуэнщ абы и жагъуэгъухэм.

25 Сэ щыпкъагъэу хузиӀэри си лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжынри абы и гъусэщ, абы и гуащӀэ хэхъуэнщ си цӀэкӀэ.

26 Абы и Ӏэ ислъхьэнщ хыр, псыхэми тетыгъуэ яхуиӀэ сщӀынщ.

27 Сэ къэзэджэнщ ар: „Уэращ си Тхьэу си адэр, сыкъезыгъэл абрэмывэр Уэращ.

28 Щыпэлъху сщӀынщ Сэ ар, щӀыгум тет пащтыхьхэм я нэхъ лъагэу“.

29 МыкӀуэдыж лъагъуныгъэ хузиӀэнщ Сэ абы игъащӀэкӀэ, зэгурыӀуэныгъэу дэсщӀари згъэпэж зэпытынщ.

30 Абы къытехъукӀахэм пащтыхьыпӀэр езгъэӀыгъынущ игъащӀэкӀэ, уафэгур щыӀэху, и тахъти щызгъэӀэнщ.

31 Абы къытехъукӀхэр Сэ згъэува хабзэм текӀрэ, си хьэкумхэм ебакъуэурэ зекӀуэмэ,

32 хабзэу згъэувахэр якъутэжу си унафэхэр ямыгъэзащӀэмэ,

33 хабзэншагъэм пэкӀуэу, къащӀэмкӀэ згъэпшынэнщ, я бзаджагъэм пэкӀуэу щӀопщкӀэ удын езгъэхьынщ.

34 Ауэ ар си лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым хэзгъэнынкъым, щыпкъагъэу схэлъми сытекӀынкъым.

35 Скъутэжынкъым Даут дэсщӀа зэгурыӀуэныгъэр, си жьэм къыжьэдэкӀа псалъэр зэблэсхъункъым.

36 Си цӀэ лъапӀэмкӀэ псалъэ быдэ стыгъащ зэгуэрым: зэблэсхъункъым Даут еста псалъэр.

37 Абы къытехъукӀынухэр псэунщ игъащӀэкӀэ, дыгъэр щыӀэху, абы и тахътэр си пащхьэ итынщ.

38 Даут и пащтыхьыгъуэр игъащӀэкӀэ щыӀэнщ, щыхьэт захуэу уафэгум ит мазэм хуэдэу».


Пащтыхьэм зэрытекӀуам папщӀэ тхьэусыхафэ

39 Ауэ Уэ къыхэпхар къибдзэркъым, къыпфӀэӀуэхукъым, лъэщу ухуогубжь.

40 Уи ӀурыщӀэм зэгурыӀуэныгъэу епщӀылӀар гулъытэншэу къэбгъэнащ, и пащтыхь тажыр щӀыгум тебдзэри, бгъэуфӀеящ;

41 Абы и къалэр къызэрыщӀыхьа блын псори зэхэбгъэщэщащ, и быдапӀэхэр хьэбэсабэ пщӀащ.

42 Къыбгъэдыхьэхэм ар зэрапхъуэ; и гъунэгъухэр къыщодыхьэшх;

43 Абы пэувхэм я Ӏэ ижьхэр къэпӀэтри, тебгъэкӀуащ, и бийхэр Уэ бгъэгуфӀащ;

44 и джатэдзэм зебгъэгъэзащ, зауэкӀэ япэбгъэувыжыфакъым.

45 И щӀыхьи Уэ абы Ӏыпхащ, и тахътэри щӀым тебдзащ;

46 и щӀалэгъуэ ныбжьыр бгъэкӀэщӀри, емыкӀу къебгъэхьащ абы.

47 Сыт хуэдизрэ зыкъытщыбгъэпщкӀуну, Зиусхьэн, уи губжьыр мафӀэм хуэдэу зэщӀэнауэ сыт хуэдизрэ щытыну?

48 Уигу игъэлъ си гъащӀэр зэрыкӀэщӀыр: зэрыхьзэрийм хэтыну ара цӀыхухэр къызыхуэбгъэщӀар?

49 Хэт цӀыхухэм ящыщу лӀэныгъэр зымылъагъунур? Хэт хьэдрыхэ мыкӀуэн зылъэкӀынур?

50 Нэхъапэм уиӀа лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр дэнэ щыӀэ, Зиусхьэн? Даут къызэрыбгъэгугъа щыпкъагъэхэр дэнэ щыӀэ?

51 Уигу игъэлъ, Зиусхьэн, сэ, уи ӀурыщӀэр, сызэраущхьэкӀуар, сызыуб лъэпкъхэр зэрысшэчыр.

52 Уэ къыхэпхар уи бийхэм яуб, Зиусхьэн, абы и щӀэблэхэр щӀыхьыншэ ящӀ.

53 Зиусхьэным щӀыхьыр ейщ игъащӀэкӀэ! Ӏэмын, Ӏэмин.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan