Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 87 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


87-нэ Уэрэд Къиным хэт цӀыхум и тхьэусыхафэмрэ и тхьэлъэӀумрэ

1 Уэрэд. Корах и къуэхэм я уэрэд. Махалат Леанот ехьэлӀащ. Эзрах и къуэ Хьэмэн иуса уэрэд

2 Зиусхьэн, сыкъезыгъэл си Тхьэ! Махуэм нэщхъейуэ сыноджэ, уи пащхьэ сыноувэ жэщым.

3 Уи пащхьэ ирехьэ си тхьэлъэӀур; Уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ си джэ макъым.

4 Сыту жыпӀэмэ гугъуехьхэм си псэр зэлъаубыдащ, си гъащӀэри хьэдрыхэ пэблагъэ хъуащ.

5 Хьэдрыхэ кӀуэжхэм сахэлъытэ, гуащӀэ зимыӀэж цӀыху сыхъуащ.

6 Мыпсэужхэм сыхадзэжащ – яукӀауэ, Уэ уи нэплъэгъуэ ӀэщӀэзауэ, уи Ӏэхэр зылъэмыӀэсыжхэу, пхъэмбейм дэлъхэм сахуэдэщ.

7 Хьэдрыхэ и кууупӀэм сыхэбдзащ – кӀыфӀым, щӀэ зимыӀэм.

8 КъызэхьэлъэкӀ хъуащ уи губжьыр абы и толъкунхэм сызэщӀаӀулӀакӀэщ.

9 Си нэӀуасэхэм зыкъысщадзей пщӀащ, абыхэм ягу збгъэдэкӀащ; ахэмкӀэ гоӀуджэ сыпыгъ, сыщӀэбубыдащ, сыкъыщӀэкӀыжын слъэмыкӀыу.

10 Си нэхэр игъэпщащ гукъеяуэм; махуэ псом сыноджэ, Зиусхьэн; си Ӏэхэр ныпхузоший.

11 Зыхуэдэ щымыӀэ Ӏуэху телъыджэхэр лӀахэм яхуэпщӀэрэ Уэ? ЛӀахэр къэтэджыжмэ, Уэ щӀыхь къыпхуащӀыну?

12 Хьэмэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым и гугъу бэным щащӀрэ? Уи щыпкъагъэр щаӀуатэрэ кӀуэдыпӀэм?

13 КӀыфӀым хэтмэ, уи Ӏуэху телъыджэхэр ящӀэн? Ящыгъупщэжамэ я щӀыгу, Уэ уи щыпкъагъэр ящӀэн?

14 Ауэ сэ сынолъэӀу Уэ, Зиусхьэным; си тхьэлъэӀур пщэдджыжьым жьыуэ уи пащхьэ нохьэ.

15 Сыт щхьэкӀэ зыкъысщыбдзейрэ, Зиусхьэн, уи нэкур сыт щхьэкӀэ сщыбгъэпщкӀурэ?

16 СекӀэкӀуащ, си щӀалэгъуэм щегъэжьауэ лэныгъэм пэблагъэ сыхъуащ. Уэ сыбгъэшэч шынагъуэхэм си гуащӀэр яухащ.

17 Уэ уи губжь лъэщыр къысщхьэщыхьащ; хьэлэч сыбощӀ, шынагъуэу укъыстебанэурэ.

18 Псы хуэдэ, сыкъаухъуреихь махуэ псом; зэгъусэу псоми сыкъаувыхь.

19 Ныбжьэгъухэмрэ фӀыуэ слъагъухэмрэ зыкъысщадзеину пщӀащ Уэ. Сэ сыздэщыӀэм щыкӀыфӀщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan