Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 86 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


86-нэ Уэрэд Ерусалим и щӀыхь

1 Корах и къуэхэм папщӀэ. Уэрэд

2 Зиусхьэным и къалэр Ӏуащхьэ лъапӀэм тригъэуващ. Екъуб и псэупӀэ псоми нэхърэ, Цион и къалэбжэхэр нэхъыфӀу елъагъу Зиусхьэным.

3 Хъыбар дэгъуэщ уэр папщӀэ яӀуатэр, Тхьэм и къалэ!

4 СыкъэзыщӀэ лъэпкъхэм я гугъу щысщӀкӀэ, Мысыри Бабэлэни яхэтщ, филишт цӀыхухэри, цор цӀыхухэри, эфиоп цӀыхухэри – ахэр псори Ерусалим къыщыхъуауэ ялъытэнщ.

5 Цион къалэм папщӀэ Тхьэм жиӀэнщ: «Мыбы хуэдэр икӀи мыбы хуэдэ цӀыхур абы къыщыхъуащ, сыту жыпӀэмэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр арщ а къалэр зыгъэбыдэнур».

6 ЦӀыху лъэпкъыр къащыхитхыкӀкӀэ, Зиусхьэным итхынщ: «Мыбы хуэдэр абы къыщыхъуащ».

7 Уэрэд жызыӀэхэми къафэхэми зэдащтэу жаӀэ: «ФӀыгъуэ псори къызыпкърыкӀыр Цион къалэр арщ».

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan