Уэрэд 85 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр85-нэ Уэрэд ДэӀэпыкъуэгъум папщӀэ тхьэлъэӀу Даут и тхьэлъэӀу 1 Зиусхьэн, уи тхьэкӀумэ къысхуэгъази, сызэхэх, сыту жыпӀэмэ сытхьэмыщкӀэщ сэ. 2 Си псэр къегъэл, сыту жыпӀэмэ фӀэлӀыкӀ ныпхузиӀэщ; къегъэл мыкӀуэду уи ӀурыщӀэуэ къыпщыгугъыр, си Тхьэ. 3 ГущӀэгъу къысхуэщӀ, Зиусхьэн, махуэ псом макъышхуэкӀэ сыноджэ. 4 Уи ӀурыщӀэм гукъыдэж къет, Зиусхьэн, сигукӀэ сыпхудоплъей. 5 Сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн, Уэ къытхубогъэгъу, уфӀщ. Уэ къолъэӀу псоми мыкӀуэдыж лъагъуныгъэ яхууиӀэщ. 6 Уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ, Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу, си лъэӀу макъ къыщӀэдэӀу. 7 Къин щыслъагъу махуэм сэ Уэ зыпхузогъазэ, сыту жыпӀэмэ сызэхыбох. 8 Уэ пхуэдэ тхьэ щыӀэкъым, Зиусхьэн, Уэ блэжьа Ӏуэхум хуэди щыӀэкъым. 9 ЦӀыху лъэпкъыу Уэ къэбгъащӀахэр псори уэ деж къекӀуэлӀэнщи, уи пащхьэм щхьэщэ щащӀынщ, Зиусхьэн, уи цӀэми щӀыхь хуащӀынщ. 10 Сыту жыпӀэмэ Уэ уин дыдэщ, Ӏуэху гъэщӀэгъуэнхэр Уэ пхузэфӀокӀ. Уэ зызакъуэрщ Тхьэр. 11 Уи лъагъуфӀхэм сащыгъэгъуазэ, Зиусхьэн, уи щыпкъэр гъуэгуанэ схуэхъуну; Уэ уи цӀэ згъэлъэпӀэн папщӀэ, Абы фӀэлӀыкӀ хузиӀэ ирехъу. 12 ЩӀыхь пхуэсщӀынщ, Зиусхьэну си Тхьэ, си гум хузэфӀэкӀ псомкӀи уи цӀэм щӀыхьыр игъащӀэкӀэ хужысӀэнщ. 13 Сыту жыпӀэмэ мыкӀуэдыжын лъагъуныгъэу Уэ къысхууиӀэр ин дыдэщ: си псэр хьэдрыхэ и кууупӀэм къыхэпшри, щхьэхуит сыпщӀащ Уэ. 14 Ди Тхьэ! Напэншэхэр къыспэтэджащ сэ, цӀыху залым куэдыр си псэм къощэ. Уэ узэрапэсыркъым. 15 Ауэ Уэ, Зиусхьэну гущӀэгъукӀэ хьэлэл Тхьэр, фӀыгъэшхуэ зиӀэу, мыкӀуэдыж лъагъуныгъэ инрэ щыпкъагъэшхуэрэ зыхэлъыр, 16 зыкъысхуэгъази, гущӀэгъу къысхуэщӀ; уи уи ӀурыщӀэм гуащӀэ къет, сэ, уи ӀурыщӀэ бзылъхугъэм и къуэр, сымыкӀуэду сыкъегъэл. 17 Уи фӀыгъэр къысхуэгъэщыпкъэ, Зиусхьэн, си жагъуэгъухэм ар ирелъагъуи, я напэр трырекӀ, сыту жыпӀэмэ Уэ, Зиусхьэн, укъыздэӀэпыкъури, гупсэхугъуэ къызэптыжащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden