Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 84 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


84-нэ Уэрэд Лъэпкъым и фӀыгъэм ехьэлӀа тхьэлъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ Корах и къуэхэм я уэрэд

2 Зиусхьэн! Уэ уи щӀыгум нэфӀкӀэ укъеплъыгъащ, Екъуб и мылъкур ебгъэгъуэтыжыгъащ.

3 Уи цӀыху лъэпкъым бзаджагъэу ищӀахэр хуэбгъэгъуащ, и гуэныхь псори хуэбгъэкӀуэдащ.

4 Уи губжьыр зэхэпхьэжащ, уи губжь лъэщым уи щӀыб хуэбгъэзащ.

5 Зыпкъ дигъэувэж, дымыкӀуэдэу дыкъезыгъэл ди Тхьэ, губжьу къытхуэпщӀыр зэпыгъэу.

6 Губжь къытхууиӀэну атӀэ игъащӀэкӀэ, щӀэблэ зэкӀэлъыкӀуэ псори уи губжьым пхрыпшыну?

7 ГуащӀэ къытхэплъхьэжынкъэ, дэ, уи цӀыху лъэпкъым, гуфӀэгъуэ къыдэптыжынукъэ?

8 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр дыкъэлъагъу, Зиусхьэн, дымыкӀуэду дыкъегъэл.

9 Зиусхьэну ди Тхьэм жиӀэм содаӀуэ. И цӀыху лъэпкъыу, и цӀыху лъапӀэхэр, мамырыгъэм щегъэгугъ, акъылыншагъэм къремыгъэзэж афӀэкӀа.

10 Аращи, Абы фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр, къригъэлыным пэжыжьэкъым, и щӀыхьыр ди щӀыгум тез ирехъу!

11 ЗэӀущӀэнщ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэбэунщ.

12 Щыпкъагъэр щӀым къыхэкӀынщ, Тхьэм и щыпкъагъэр уафэм къеплъыхынщ.

13 Зиусхьэным фӀыгъуэр къытлъигъэсынщ, щӀыгум гъавэ къыдитынщ;

14 щыпкъагъэр Абы и пэ итынщ, и лъэм гъуэгу хуигъэхьэзырыну.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan