Уэрэд 83 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр83-нэ Уэрэд Тхьэм и унэм ухуэзэшыныр 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Гъитиг пшынэдыкъуакъуэкӀэ дежьууэ. Корах и къуэхэм я уэрэд 2 Сыту, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэн, тыншыпӀэ уи псэупӀэхэр! 3 СыщӀохъуэпс, сыхуопабгъэ, Зиусхьэным и пщӀантӀэм, си гуи си пкъи Тхьэуэ гъащӀэ къыдэзытым щӀыхь уэрэд хужаӀэ. 4 Бзу цӀыкӀуми зыщыпсэун, пцӀащхъуэми и шырхэр зригъэсын абгъуэ щагъуэт уи къурмэнщӀыпӀэхэм деж, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэн, сэ си пащтыхьу си Тхьэ! 5 Гъуэгу махуэ теуващ Уэ уи унэ щыпсэухэу, Уэ щӀыхь зэпымыууэ къыпхуэзыщӀхэр. 6 Гъуэгу махуэ теуващ Уэ гуащӀэ къыпхэзыгъуатэ цӀыхур, Цион Ӏуащхьэм Уэ ущагъэлъэпӀэну, гъуэгу техьэну хуэпӀащӀэхэр. 7 Гъыбзэм и къуэладжэ зэпач щыхъукӀэ, псыжапӀэ иӀэ мэхъу абы, бжьыхьэ уэшхри къытошхэ абы, и нэфӀ къыщыхуам хуэдэу. 8 Ахэр кӀуэурэ, я гуащӀэ хохъуэ, Цион Ӏуащхьэм щалъагъунщ Тхьэуэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр. 9 Зиусхьэн, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ ди Тхьэ! си тхьэлъэӀур къызэхэх, къызэдаӀуэ, Екъуб и Тхьэ! 10 Уэ, ди Тхьэ, удихъумакӀуэщ! Уэ Къыхэпхам нэфӀкӀэ къеплъ. 11 Сыту жыпӀэмэ уи пщӀантӀэм зы махуэ ущыпсэуныр махуэ миным я уасэщ. БзаджащӀэхэм я шэтырым сыщӀэсу си гъащӀэр схьыным нэхърэ, Тхьэм и унэшхуэ щӀыхьэпӀэм деж сыӀутыныр нэхъ къыхызох. 12 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэну Тхьэр – дыгъэщ, мэӀущ, Зиусхьэным фӀыгъуэмрэ щӀыхьымрэ къует; лажьэ ямыӀэу псэухэр Абы фӀыгъуэм хигъэныркъым. 13 ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэн! Гъуэгу махуэ теуващ къыпщыгугъ цӀыхур! |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden