Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 82 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


82-нэ Уэрэд Израилыр и бийхэм ятекӀуэн папщӀэ тхьэлъэӀу

1 Уэрэд. Асаф и уэрэд

2 Ди Тхьэ! Зумыущэху, Макъыншэ зумыщӀ, утемыпыӀэ, ди Тхьэ!

3 Сыту жыпӀэмэ, мис, уи бийхэр мэбырсыр, узылъагъу мыхъухэм я щхьэ къаӀэтащ;

4 уи цӀыху лъэпкъым пэщӀэуэу гухэлъ бзаджэ ящӀ, Уэ къэпхъумэхэм тебэнэнхэу зэрыгъэӀущыжащ;

5 абыхэм жаӀэ: «ДыкӀуэнщи, цӀыху лъэпкъым хэдгъэкӀуэдыкӀынщ, Израил и цӀэр игъащӀэкӀэ ягу къэмыкӀыжыну».

6 Зэдэарызыуэ зэрыгъэӀущащ, зэгуроӀуэ Уэ къыппэувыну:

7 эдом цӀыхухэр, Исмэхьил къытехъукӀахэр, моаб цӀыхухэр, Хьэджэр къытехъукӀа цӀыхухэр,

8 гэбал, аммон, амалек, филишт цӀыхухэр, Тирэ къалэм щыпсэухэри ящӀыгъуу.

9 Абыхэм ягухьащ ашур цӀыхухэри; ЛутӀэ къытехъукӀахэр гъусэ лъэщ яхуэхъуащ.

10 Кишон псыхъуэм деж Мидиан, Сисэрэ, Ябин сымэ щепщӀар абыхэм ящӀэ.

11 Ахэр Эндорэ жылэм щаукӀри, вэнывей хэхъухьыжащ щӀым.

12 ЯдызекӀуэ я цӀыху лъэрыхьхэм, Ӏуэрэб, Зэеб, сымэ уазэрызэдекӀуам хуэдэу; япщ псоми ещӀэ Зэбахъэи, Цалмуннэ сымэ епщӀар,

13 мыр жызыӀахэм: «Тхьэм и хэкур дэ дыдеину дубыдынщ».

14 Жьыбгъэм ирихьэжьа сабэм хуэдэ щӀы ахэр, си Тхьэ, жьым зэрихьэ хукхъуэм хуэдэ.

15 Лыгъэм мэзыр зэрисым хуэдэу, мафӀэбзийм къущхьэхэр зэрилыпщӀым ещхьэу,

16 уи жьыбгъэм ирегъэхьэжьэ ахэр, уи жьыбгъэшхуэм егъэгъэшынэ;

17 я нэгу зэлъегъащтэ напэншагъэм, Уэ зыкъыпхуагъэзэжыну, Зиусхьэн!

18 ЕмыкӀу кърехь, ирекӀуэд, напэншэ ирехъу, ирекӀуэд.

19 ЗэхрещӀыкӀ Уэ, зи закъуэу Зиусхьэн зи цӀэу, щӀыгу Псоми Я Нэхъ Лъагэу узэрыщытыр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan