Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 81 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


81-нэ Уэрэд Тхьэуэ псоми ящхьэ щыӀэр
Асаф и уэрэд

1 Тхьэхэм я зэӀущӀэм щыӀэу, Тхьэр и тахътэм тесщ, уафэм щыӀэу, хуэлажьэхэм я пащхьэ хьэкум щещӀэ:

2 «Сыт хуэдизкӀэ щыпкъагъэншэу хьэкум зефхьэну, цӀыху бзаджэхэм яхуэвгъэкӀуатэурэ фщӀыну?

3 ТхьэмыщкӀэм, ибэм я хьэкъ ефт; Егъэзыгъэм, екӀэкӀуам, мылъкуншэм захуагъэ ядызефхьэ;

4 ТхьэмыщкӀэр, мылъкуншэр хэфшыжи, цӀыху бзаджэхэм къаӀэщӀэфхыж.

5 ЯщӀэркъым, къагурыӀуэркъым, кӀыфӀым хэтхэщ, щӀыгу лъащӀэхэр мэхъей.

6 Сэ жысӀащ – фэ фытхьэщ, Псоми Я Нэхъ Лъагэм и къуэхэри – фэ псори;

7 АрщхьэкӀэ фэ, цӀыхухэм хуэдэу, фылӀэнущ, ФыкӀуэдынущ пщы псоми яхуэдэу».

8 Егъажьэ, ди Тхьэ, щӀыгум хьэкум тещӀыхь, сыту жыпӀэмэ цӀыху лъэпкъ псори Уэращ зейр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan